Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ФІы щІэныр. Дауэ ар зыхэтлъхьа хъуну?

ФІы щІэныр. Дауэ ар зыхэтлъхьа хъуну?

ДЭТХЭНЭ зыри хуейщ ар цІыхуфІу ябжыну. Ауэ ди зэманым фІы пщІэну тыншкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ куэдым яфІэфІкъым фІы ящІэну (2 Тим. 3:3). Къезэгъымрэ къемызэгъымрэ теухуауэ езыхэм унафэ ящІ икІи «фІым ІейкІэ, Іейм фІыкІэ» йоджэ (Ис. 5:20). Абы нэмыщІ дэ зэран къытхуохъу ди блэкІамрэ гуэныхь тхэлъымрэ. Абы къыхэкІкІэ Эммэ a и гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэфынущ. Ар илъэс куэд хъуауэ Иеговэ хуэлажьэми, мыпхуэдэу жеІэ: «ЦІыхуфІу сыщытыфыну си фІэщ хъукъым».

Ди насыпщи, фІы щІэныр зыхэтлъхьэфынущ. Ар Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм хохьэ. Иеговэ и къару лъапІэр къыддэІэпыкъунущ сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэлъэщыну, ар ирехъу мы дунеймрэ цІыхухэмрэ зэран къызэрытхуэхъур е гуэныхь тхэлъым гугъу дызэрыригъэхьыр. ФІы щІэным нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ икІи ар нэхъыбэу зэрыдгъэлъэгъуэфынум и гугъу тщІынщ.

ФІЫ ЩІЭНЫМ ХЫХЬЭР СЫТ?

ФІы щІэным хохьэ фІым хущІэкъуныр, къабзагъэм тетыныр, мыхъумыщІагъэм пэжыжьэ зыхуэщІыныр. А хьэл-щэныр зыхэлъ цІыхур хущІокъу адрейхэм сэбэп зэрахуэхъуным. Ар ІуэхуфІхэр пщІэну ухуэзыгъэуш хьэл-щэныфІщ.

Мызэ-мытІэу уэ плъэгъуауэ къыщІэкІынщ цІыхум и благъэхэм е и ныбжьэгъухэм фІы гуэр яхуищІэу, ауэ ар мащІэщ. ДауикІ, зыми фІы щІэныр нэгъэсауэ тхуэгъэлъагъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, «фІы ищІэ зэпыту, ауэ гуэныхь имылэжьу зы цІыху пэж мы дунейм теткъым» (Эккл. 7:20). Апостол Паул и щхьэм теухуауэ жиІэжащ: «Си гуэныхьыщІэ щэныжьым сеплъмэ, си гум фІыгъуэ зэримылъыр сощІэ» (Рм. 7:18). ГурыІуэгъуэщ Иеговэ къыддэІэпыкъуну дызэрыхуэныкъуэр, абы сыт щыгъуи фІы ещІэ.

«ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ЩЫІЭР ХЭЛЪЩ»

ФІы щІэным теухуауэ Иеговэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр дегъэлъагъу. Алыхьым теухуауэ Библием щыжыІащ: «ФІыуэ щыІэр уэ пхэлъщ икІи фІы бощІэ. Уи унафэхэм сэ сыхуегъаджэ» (Пс. 119:68). Мы едзыгъуэм Иеговэ фІы щІэныр зэригъэлъагъуэ ІэмалитІ къыхощ. Абыхэм я гугъу тщІынщ.

Иеговэ фІыуэ щыІэр хэлъщ. ФІы щІэныр Иеговэ и хьэл-щэнхэм щыщ зыщ. Зэгуэр Иеговэ Мусэ жриІат: «Сэ фІы щІэныр сызэрикуэдыр уэ уэзгъэлъэгъунущ». Иеговэ и щІыхьыр, абы фІы щІэнри хэту, Мусэ иригъэлъагъури, мыпхуэдэу жриІащ: «Иеговэ, Иеговэ — Алыхь гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ, тэмакъкІыхьщ, фІылъагъуныгъи пэжагъи и куэдщ, и лъагъуныгъэр мин бжыгъэхэм ярегъэлъагъу, хабзэншагъэр, щІэпхъаджагъэр, гуэныхьыр егъэгъу, ауэ къуаншэм Іэмал имыІэу тезыр трелъхьэ» (Исх. 33:19; 34:6, 7). Иеговэ фІы щІэныр зэрыхэлъыр куэдым къыхощ. ФІы щІэным теухуауэ Хьисэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр къытхуигъэнами, абы жиІащ: «Тхьэм фІэкІа, фІы зыри щыІэкъым» (Лк. 18:19).

Иеговэ фІы щІэныр зэрыхэлъыр и ІэдакъэщІэкІхэм къыхощ

Иеговэ фІы ещІэ. Иеговэ и ІуэхущІафэ псоми къагъэлъагъуэ абы фІы щІэныр зэрыхэлъыр. Библием щыжыІащ: «Иеговэ псоми фІыуэ яхущытщ икІи абы и гущІэгъур и Іуэху псоми къыхощ» (Пс. 145:9). Абы нэфІ-ней зэрихьэкъым икІи псоми фІы къытхуещІэ, псалъэм папщІэ гъащІэмрэ гъащІэм дызыхуэныкъуэ псомрэ къыдет (Апост. 14:17). Абы нэмыщІ Алыхьым фІы ищІэм хохьэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъур. Псалом тхылъым итщ: «Уэ, Иеговэ, фІыуэ щыІэр пхэлъщ икІи бгъэгъуну ухьэзырщ» (Пс. 86:5). Шэч къытедмыхьэми хъунущ: «Иеговэ пэжагъым тет цІыхухэм фІы яхуимыщІэу къигъэнэнукъым» (Пс. 84:11).

«ІУЭХУФІХЭР ВЛЭЖЬУ ЗЕВГЪАСЭ»

Иеговэ хэлъ хьэл-щэнхэр дэри къытхилъхьащи, ІуэхуфІхэр тщІэну тхузэфІокІ (ЩІэдз. 1:27). Ауэ ар езыр-езыру къэхъукъым. Алыхьым и Псалъэм дыкъыхуреджэ: «ІуэхуфІхэр влэжьу зевгъасэ» (Ис. 1:17). Дауэ абы зэрызедгъасэ хъунур? Іэмалищ зэпкърытхынщ.

Япэрауэ, фІы тщІэн щхьэкІэ, Алыхьым и къару лъапІэр къыдитыну делъэІу хъунущ (Гал. 5:22). Алыхьым и къару лъапІэр къыддэІэпыкъунущ фІыр фІыуэ тлъагъуну икІи Іейр тлъагъу мыхъуу дыщытыну (Рим 12:9). Библием зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ «сыт хуэдэ фІыгъуэри вгъэзэщІэн икІи къыжыфІэн щхьэкІэ» фигъэбыдэфынущ (2 Фес. 2:16, 17).

ЕтІуанэрауэ, дэ Алыхьым и Псалъэм деджэн хуейщ, Иеговэ «фІы щІэным и гъуэгум» дригъэсэн икІи «дэтхэнэ ІуэхуфІми хуэхьэзыр» дищІын щхьэкІэ (Прит. 2:9; 2 Тим. 3:17). Библием деджэмэ икІи дызэджам куууэ дегупсысмэ, Алыхьымрэ абы и мурадхэмрэ теухуа гупсысэхэмкІэ ди гур догъэнщІ. ИужькІэ а гупсысэхэр дэ къытхуэсэбэпыжынущ (Лк. 6:45; Еф. 5:9).

Ещанэрауэ, «фІыгъуэ зылэжьхэм я лъэужьым ирикІуэ» жыхуиІэ псалъэхэм дытетыну дыхущІокъу (3 Ин. 11). Щапхъэ зытепх хъун куэдым Библием и гугъу ещІ. ДауикІ, псом нэхърэ нэхъ щапхъэфІ дэзыгъэлъагъур Иеговэрэ Хьисэрэщ. Хэтыт иджыри ІуэхуфІ зыщІэу щытар? Тавифэрэ Варнавэрэ уигу къэкІыжауэ къыщІэкІынщ (Апост. 9:36; 11:22—24). Абыхэм теухуауэ Библием ущеджэкІэ дерс куэд къыхэпхыфынущ. Гу лъытэ ахэр ІуэхукІэ цІыхухэм ядэІэпыкъуу зэрыщытам. Уи благъэхэмрэ зэхуэсым щыщхэмрэ сыткІэ уадэІэпыкъуфынуми егупсыс. Абы нэмыщІ уигу къэгъэкІыж Тавифэрэ Варнавэрэ Иеговэ и нэфІ зэрыщыхуам. Уэри тыгъэ дахэ къыппэщылъщ.

НэгъуэщІхэм фІы яхуэзыщІэ къуэш, шыпхъу куэд ноби щыІэщ. Псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм ди къуэш, ди шыпхъухэм ІуэхуфІ куэд хуащІэ. ІуэхукІи псалъэкІи «фІыр зыхуэдэр цІыхухэм ирагъащІэну» хэт шыпхъухэри зыщомыгъэгъупщэ (Тит 1:8; 2:3). Ди шыпхъу Розлин къыддогуашэ: «Си ныбжьэгъур зэхуэсым къызэрацІыхур нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъу икІи ахэр зыгъэгушхуэ шыпхъуущ. Ар ди дэлъху, ди шыпхъухэм я Іуэхур зыІутым йогупсыс, тыгъэ гуэрхэр яхуещІ е нэгъуэщІ зыгуэру зэрадэІэпыкъун Іэмал къелъыхъуэ. Ар нэгъэсауэ ІуэхуфІ зыщІэ цІыхущ».

Иеговэ и лэжьакІуэхэр къыхуреджэ: «ФІыр къэфлъыхъуэ» (Ам. 5:14). Дэ фІым дыхущІэкъумэ, Алыхьым и хабзэхэр фІыуэ тлъагъунущ икІи ІуэхуфІ тщІэну гукъыдэж диІэнущ.

Дэ цІыхуфІу дыщытыну дыхущІокъу икІи ІуэхуфІхэр дощІэ

Іуэхушхуэ гуэр зылэжь е тыгъэ лъапсей зыщІыракъым фІы щІэныр зыхэлъ цІыхуу убж хъуныр. Псалъэм папщІэ, сурэт зыщІ цІыху ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Абы ищІ сурэтым зэ-тІэу хэуэкІэ зэфІэкІкъым — сурэтыр нэгъэса хъун щхьэкІэ ар куэдрэ абы холыхь. Апхуэдэу дэри фІы щІэныр зыхэлъ цІыхуу далъытэн щхьэкІэ, ІуэхуфІ куэд длэжьын хуейщ.

ЦІыхур «фІы щІэн дэтхэнэми хуэхьэзырын» хуейуэ Библием жеІэ (Тит 3:1). НэгъуэщІхэм я гъащІэр къытфІэІуэхумэ, абыхэм «гурэ псэкІи нэхъ лъэкІыныгъэ» едгъэгъуэтын щхьэкІэ зыгуэр яхуэтщІэфынущ (Рим 15:2). Дэ диІэмкІэ абыхэм дадэгуашэ хъунущ (Прит. 3:27, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ахэр шэджагъуашхэ къедгъэблагъэ е я гъусэу фІы гуэрым дытепсэлъыхь хъунущ. Зыгуэр сымаджэ хъуамэ, абы дыкІэлъыкІуэ, телефонкІэ депсалъэ е открыткэ хуэттх хъунущ. «Адрей цІыхухэм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ евгъэгъуэтурэ, псалъэфІхэр фи жьэм къыжьэдэвгъэкІ, а псалъэхэр зэхэзых цІыхухэм фи фІагъ евгъэкІын щхьэкІэ» жыхуиІэ унафэр зэрыдгъэзэщІэфын Іэмал куэд щыІэщ (Еф. 4:29).

Иеговэ хуэдэу, дэри псоми фІы яхуэтщІэну дыхуейщ. Аращ дэ цІыху зэхэгъэж щІэдмыщІыр. НэхъыфІ дыдэу ар къызэрыдгъэлъэгъуэфынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр цІыхухэм зэражетІэмкІэщ. Хьисэ и унафэм дытету, дэ цІыху псоми фІы яхудощІэ, дыкъэзылъагъу мыхъухэри абыхэм хэту (Лк. 6:27). ЦІыхухэм фІыуэ уахущытыныр сыт щыгъуи тэмэмщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а «Іуэхухэм къапэув хабзэ щыІэкъым» (Гал. 5:22, 23). Гугъу дызэрехьым икІи лей къызэрытлъысым емылъытауэ ІуэхуфІхэр длэжьмэ, цІыхухэр Библием ит пэжым къыдихьэхынкІэ хъунущ икІи абыхэм Алыхьыр ягъэлъэпІэн щІадзэнкІэ хъунущ (1 Пет. 3:16, 17).

ФІЫ ЩІЭНЫМ КЪЫПЭКІУЭ ТЫГЪЭР

Притчи 14:14 (Гъэс.) зэрыжиІэмкІэ, «цІыхуфІыр илэжьахэм хуэзэжынщ». Сыт абы къикІыр? Адрейхэм фІыуэ дахущытмэ, ахэри дэ фІыуэ къытхущытыжыну къыщІэкІынщ (Прит. 14:22). Ауэ фІыуэ къытхущытын щІамыдзэми, ди ІуэхуфІхэм я фІыгъэкІэ абыхэм я гур нэхъ щабэ хъункІэ хъунущ (Рим 12:20).

Іейр къигъанэу, фІыр фІыуэ зылъагъуахэм я гъащІэм нэхъыфІкІэ зихъуэжащ. Мис Нэнси и щапхъэр. Ар къыддогуашэ: «Сэ сыерыщт, сыудэфат икІи щхьэрыутІыпщу сыдэтт. Ауэ Іеймрэ фІымрэ теухуауэ Алыхьым и еплъыкІэр къасщІэу, къэсщІар згъэзащІэу щІэздза иужь, сэ насыпыфІэ икІи зи щхьэм пщІэ хуэзыщІыж цІыху сыхъуащ».

ФІы щІэным дыщІыхущІэкъум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр абыкІэ Иеговэ зэрыдгъэгуфІэращ. Дэ тщІэр куэдым ямылъагъуми, ар Иеговэ елъагъу. Абы ди ІуэхуфІ дэтхэнэми ди гупсысэфІ дэтхэнэми гу лъетэ (Еф. 6:7, 8). Сыт хуэдэ тыгъэ дэ къытпэщылъыр? «ФІыр зылэжьым Тхьэуэ Зиусхьэным и нэфІ щыхуащ»,— щыжыІащ Притчи 12:2 (Гъэс.). Аращи, дяпэкІи фІы щІэным дыхущІэвгъэкъу. Иеговэ «фІы зыщІэ дэтхэнэми щІыхьи, лъытэныгъи, гузэгъэгъуи къылъигъэІэсынущ» (Рим 2:10).

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.