Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

8-НЭ УРОКЫР

Сыт Алыхьым Іеймрэ гузэвэгъуэмрэ щІыщигъэІэр?

Сыт Алыхьым Іеймрэ гузэвэгъуэмрэ щІыщигъэІэр?

1. Іейр дауэ къызэрыунэхуар?

Алыхьым апхуэдиз зэман хъуауэ цІыхухэм я тепщэныгъэр зэрыщигъэІэм и фІыгъэкІэ наІуэ хъуащ цІыхухэр езыр-езыру я гугъуехьхэм зэрыпэмылъэщыфынур

Іейр дунейм къыщытехьар ШейтІаным япэ дыдэу пцІы щиупсам щыгъуэщ. Алыхьым ШейтІаныр мелыІыч бзаджэу къигъэщІатэкъым, атІэ ар мелыІыч дагъуэншэу къигъэщІат. Ауэ ар Алыхьым хуэпэжу къэнакъым (Иуан 8:44). Абы Алыхьым и увыпІэр зыІэригъэхьэну иужь ихьащ, нэгъуэщІу жыпІэмэ цІыхухэр Алыхьым зэрыхуэлажьэм хуэдэу езым къыхуэлэжьэну ар хуей хъуащ. ШейтІаным Хьэуа зи цІэ япэ цІыхубзыр къигъапцІэри, Алыхьым жиІэм емыдаІуэу, езым жиІэм иригъэдэІуащ. Іэдэм Хьэуа и лъэныкъуэр иубыдащ. Іэдэм ищІа унафэм гуауэрэ лІэныгъэрэ къытхуихьащ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 3:1—6, 19.)

Хьэуа Алыхьым и унафэм ебэкъуэну зэрыхуигъэушамкІэ ШейтІаныр Алыхьым и тепщэныгъэм пэщІэуващ. ЦІыхубэм и нэхъыбэм ШейтІаным и лъэныкъуэр яубыдри, Алыхьым и тепщэныгъэр ІэщІыб ящІащ. Апхуэдэу ШейтІаныр «мы дунейм и тепщэ» хъуащ. (Къеджэ Иуан 14:30; 1 Иуан 5:19.)

2. Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм ныкъусаныгъэ гуэр яхэлъу пІэрэт?

Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэр псори дагъуэншэщ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым къигъэщІа цІыхухэми мелыІычхэми нэгъэсауэ жыІэдаІуэныгъэ ягъэлъэгъуэфынут (Второзаконие 32:4, 5). Ауэ дэ Алыхьым хуитыныгъэ къыдитащ тщІэну дызыхуейр къыхэтхыну. А хуитыныгъэм дэ Іэмал къыдет лъагъуныгъэм къыхэкІыу Алыхьым и жыІэм дыщІэтыну. (Къеджэ Екъуб 1:13—15; 1 Иуан 5:3.)

3. Нобэр къыздэсым Алыхьым гузэвэгъуэр щІыщигъэІэр сыт?

Зы зэман пыухыкІа гуэркІэ Иеговэ хуит ищІащ и тепщэныгъэр цІыхухэм ІэщІыб ящІауэ щытыну. Сыт щхьэкІэ? ЦІыхухэр Алыхьым и тепщэныгъэм щІэмыту псэумэ, абы насып къазэрыхуимыхьынур яригъэлъэгъун щхьэкІэ (Экклезиаст 7:29; 8:9). Илъэс 6 000-м къриубыдэу цІыхухэм я къекІуэкІыкІар абы щыхьэт тохъуэ. Тепщэныгъэ зыІэщІэлъа зы цІыхуми хузэфІэкІакъым зауэхэм, щІэпхъаджагъэм, лей зехьэным, узыфэхэм кІэ къыхуигъэкІуэну. (Къеджэ Иеремия 10:23; Рим 9:17.)

Тепщэныгъэр цІыхухэм я ІэмыщІэ щилъым деж абы къахуихьыр гуауэщ, ауэ Алыхьым и тепщэныгъэм къихьыр насыпщ (Исаия 48:17, 18). Куэд мыщІэу Иеговэ цІыхухэм я тепщэныгъэм кІэ иритынущ. Иеговэ и лъабжьэм щІэтыну хуей цІыхухэращ щІылъэм щыпсэунур (Исаия 11:9). (Къеджэ Даниил 2:44.)

«Алыхьым гугъуехьхэр щІыщигъэІэр сыт?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.

4. Алыхьым и шыІэныгъэм и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ Іэмал дэ диІэр?

Лъагъуныгъэм къыхэкІыу цІыхухэр Иеговэ хуэмылэжьэну ШейтІаным жиІащ. Абы жиІар зэрыпцІыр къэбгъэлъэгъуэну ухуейт? Уэ апхуэдэ Іэмал уиІэщ! Алыхьым шыІэныгъэ зэригъэлъагъуэм и фІыгъэкІэ дэтхэнэ зыми хэт и тепщэныгъэр къыхихми игъэлъэгъуэфынущ: цІыхухэм я тепщэныгъэра хьэмэрэ Алыхьым и тепщэныгъэра. Дэ къыхэтхар сытми къэзыгъэлъагъуэр гъащІэ етхьэкІыращ. (Къеджэ Иов 1:8—12; Притчи 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр.)

5. Алыхьым и тепщэныгъэр дауэ къызэрыхэпхынур?

Дэ тщІы унафэхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым и лъабжьэм дыщІэтыну дыхуейрэ дыхуэмейрэ

Алыхьым и тепщэныгъэр къыхэпхын щхьэкІэ абы и Псалъэ Библием тегъэщІа дин пэжыр къэбгъуэту, абы ит хабзэхэм утету упсэун хуейщ (Иуан 4:23). ШейтІаным и тепщэныгъэр ІэщІыб пщІын щхьэкІэ Хьисэ хуэдэу политикэми ухэІэбэн, зауэхэми ухэтын хуейкъым. (Къеджэ Иуан 17:14.)

ШейтІаным и тепщэныгъэр къегъэсэбэп зинэ щІэнымрэ нэгъуэщІ мыхъумыщІагъэхэмрэ тэмэм гуэру къытщигъэхъун щхьэкІэ. Апхуэдэ дуней тетыкІэр къыщыдгъанэм деж дэ ди ныбжьэгъу, ди благъэ гуэрхэм ар къагурымыІуэу ауан дащІынкІэ икІи Библиер дджыну зэран къытхуэхъуну хэтынкІэ хъунущ (1 Петр 4:3, 4). Абы къыхэкІкІэ дэ къыхэтхын хуейщ хэт и ныбжьэгъугъэр ди дежкІэ нэхъ лъапІэми. Алыхьыр фІыуэ зылъагъу цІыхухэр ныбжьэгъу тщІыну пІэрэ? Іущагъ зыхэлъ Алыхьым и хабзэхэм дытетыну пІэрэ? Дэ унафэ пэж къатщтэмэ, ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр икІи сыт хуэдэ гугъуехь цІыхухэр пэщІэмыхуэми Алыхьым хуэпэжу къызэрынэфынур къэдгъэлъэгъуэфынущ. (Къеджэ 1 Коринф 6:9, 10; 15:33.)

Алыхьым цІыхухэр фІыуэ зэрилъагъум ди фІэщ ещІ Іэмал имыІэу Іеймрэ гузэвэгъуэмрэ кІэ зэраІэнур. Алыхьым и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъыфІ зэрыщымыІэр зи фІэщ хъууэ абы и лъэныкъуэр зыубыд цІыхухэр жэнэт хъужа щІылъэм гъащІэ мыухыж яІэу щыпсэунущ. (Къеджэ Иуан 3:16.)