Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

10-НЭ УРОКЫР

Дин пэжыр дауэ къызэрыбгъуэтыныр?

Дин пэжыр дауэ къызэрыбгъуэтыныр?

1. Дин пэжу зы щыІэр?

«Бегъымбар нэпцІхэм фахуэсакъ» (МАТТЭ 7:15).

Хьисэ и гъэсэнхэр зыхуригъаджэу щытар зы динщ — ар дин пэжыращ. Дин пэжыр гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум ебгъэщхь хъунущ. Хьисэ жиІауэ щытащ а гъуэгум ирикІуэхэр куэд зэрымыхъур (Маттэ 7:14). Алыхьым къищтэр абы и Псалъэ Библием тегъэщІа диныращ. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я фІэщ хъур Алыхьым и Псалъэм ит щІэныгъэ пэжхэращ. (Къеджэ Иуан 4:23, 24, ДЩІ; 14:6; Ефес 4:4, 5.)

«Дин псори Алыхьым къищтэрэ?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.

2. Хьисэ чристэн нэпцІхэм теухуауэ сыт жиІар?

«Тхьэр ящІэу жаІэ, арщхьэкІэ ялэжь ІуэхухэмкІэ Тхьэр зэрамыщІэр ІупщІу къагъэлъагъуэ» (ТИТ 1:16).

Хьисэ жиІауэ щытащ дин пэжыр зыІызыгъэхьэну бегъымбар нэпцІхэр къызэрыунэхунур. Ахэр Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм къазэрыщхьэщыкІыр занщІэу къыбгурымыІуэнкІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэу забжыж икІи я члисэхэм чристэныцІэ зрахьэ. Ауэ дин пэжыр зыІыгъыр хэтми дэ зэхэдгъэкІыфынущ. Дауэ? Дин пэжыр зыІыгъ цІыхухэм Алыхьым и фІэфІ хьэл-щэни дуней тетыкІи яІэщ. (Къеджэ Маттэ 7:13—23.)

3. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр дауэ къызэрыпцІыхунур?

Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр къызэрыпцІыхуфыну Іуэхугъуитху зэпкърытхынщ.

  • Абыхэм я фІэщ мэхъу Библиер Алыхьым и Псалъэу зэрыщытыр. Ахэр Библием ит принципхэм тету псэуну хущІокъу. АбыкІэ дин пэжыр цІыхухэм я еплъыкІэхэм тегъэщІа дин нэпцІ псоми къащхьэщокІ (Маттэ 15:7—9). Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм зыхурагъаджэмрэ зэрыпсэумрэ зэтохуэ. (Къеджэ Иуан 17:17; 2 Тимофей 3:16, 17.)

  • Абыхэм Алыхьым и цІэ Иеговэр ягъэлъапІэ. Хьисэ цІыхухэм щепсалъэкІэ Алыхьым и цІэр щІэх-щІэхыурэ къигъэсэбэпу щытащ. Хьисэ цІыхухэм Алыхьым теухуауэ яжриІэрт икІи Алыхьым и цІэр гъэлъэпІа хъун щхьэкІэ тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэну игъасэт (Маттэ 6:9). Ущыпсэу щІыпІэм Алыхьым и цІэр хэт щызыгъэІур? (Къеджэ Иуан 17:26, ДЩІ; Рим 10:13, 14, ДЩІ.)

  • Абыхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр ягъэІу. Алыхьым Хьисэ щІылъэм къигъэкІуащ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр игъэІуну. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэ закъуэращ цІыхухэм я гугъуехьхэр Іузыхыжыфынур. Хьисэ псэухукІэ а хъыбарыр игъэІуащ (Лука 4:43; 8:1; 23:42, 43). Абы жиІащ и лъэужь ирикІуэхэми а хъыбарыфІыр зэрагъэІунур. Сыт хуэдэ диным щыщхэра цІыхухэм ябгъэдыхьэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ епсэлъэн щхьэкІэ? (Къеджэ Маттэ 24:14.)

  • Ахэр мы дуней бзаджэм и Іуэхухэм хэІэбэркъым. Ахэр политикэми зауэ-банэхэми зэрыхэмыІэбэмкІэ къэпцІыхунущ (Иуан 17:16; 18:36). Абы нэмыщІ мы дунейм и Іуэху Іейхэмрэ хьэл мыхъумыщІэхэмрэ абыхэм зыщахъумэ. (Къеджэ Екъуб 4:4.)

  • Абыхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъщ. Алыхьым и Псалъэм и фІыгъэкІэ абыхэм зрагъэсащ лъэпкъ зэхэгъэж ямыщІу псоми пщІэ хуащІыну. Дин нэпцІхэр зауэхэм хэІэбэми, Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм зауэхэм хэІэбэн ядэркъым (Михей 4:1—3). Абы нэмыщІ ахэр я зэманми я мылъкуми щымысхьу псэемыблэжу цІыхухэм доІэпыкъу икІи хъыбарыфІыр ягъэІу. (Къеджэ Иуан 13:34, 35; 1 Иуан 4:20.)

4. Дин пэжыр дауэ къызэрыпцІыхунур?

Сыт хуэдэ диныра Алыхьым и Псалъэм итым цІыхухэр хуезыгъаджэр, Алыхьым и цІэр зыгъэлъапІэр икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа зыми цІыхухэм я гугъуехьхэр зэрыІуимыхыжыфынур жызыІэр? Сыт хуэдэ диным щыщхэра зи зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыр икІи зауэхэм хэмыІэбэр? Дауэ уеплърэ, хэт мы зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэр зыгъэзащІэр? (Къеджэ 1 Иуан 3:10—12.)