Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

85-НЭ ХЪЫБАР

Хьисэ жэмэщым къыщалъху

Хьисэ жэмэщым къыщалъху

ПЩІЭРЭ мы сабийр хэтми? Пэжщ, Хьисэщ. Иджыпсту ар жэмэщым къыщалъхуа къудейуэращ. Жэмэщыр — Іэщхэр щаІыгъ щІыпІэ гуэру аращ. Мэрем Хьисэ делъхьэ шыдхэмрэ нэгъуэщІ Іэщхэмрэ я шхыныр зыдэлъ шхалъэм. Ауэ сыт Мэремрэ Исуфрэ иджыпсту мыбы щІыщІэтыр Іэщхэм яхэту? Сабий къыщыплъху хъуну мыбы?

ДауикІ хьэуэ. Ахэр мыбы щІыщыІэр мыращ: Римым я унафэщІ Цезарь Август унафэ къыдигъэкІащ щхьэж къыщалъхуа къалэм ягъэзэжу я цІэр тхылъым иратхэн хуейуэ. Исуф мыращ — Вифлеемщ — къыщалъхуар. Ауэ Мэремрэ абырэ къалэм къыщыкІуам къыщызэтеувыІэн ягъуэтакъым. Абы щхьэкІэ мы Іэщхэр щаІыгъым къэкІуэн хуей хъуащ. Мис а махуэ дыдэми Мэрем Хьисэ къилъхуащ! Зэрыплъагъущи, абы зыри къыщыщІакъым.

Плъагъурэ Хьисэ еплъыну къэкІуа мэлыхъуэхэр? Жэщым губгъуэм иту мэлыр здагъэхъум напІэзыпІэм абыхэм я нэм зыри имылъагъуу нэху къэхъуащ. Ар мелыІычыу арат! Мэлыхъуэхэр Іейуэ шынащ. Ауэ мелыІычым занщІэу абыхэм яжриІащ: «Фымышынэ! ВжесІэну хъыбарыфІ сиІэщ. Нобэ Вифлеем къыщалъхуащ Зиусхьэн Мэсихь. Абы цІыхухэр къригъэлынущ! Хъыданым кІуэцІышыхьауэ шхалъэм дэлъу къэвгъуэтынущ ар». Асыхьэтым Алыхьыр ягъэлъапІэу мелыІыч куэд къэхутащ. Мэлыхъуэхэм Хьисэ къалъыхъуэну занщІэу ежьэри мис мыбдеж къыщагъуэтащ.

ПщІэрэ Хьисэ и Іуэхум гъэщІэгъуэну хэлъыр сытми? Хэту пІэрэ ар пэж дыдэу? КъэщІэжыт, мы тхылъым ит япэ хъыбарым къыщытщІат Алыхьым япэрей и Къуэм теухуауэ. Иеговэ дищІащ абы уафэри, щІылъэри, адрей псори. Аращ Хьисэ хъужыр!

Пэжщ, Иеговэ и Къуэм и гъащІэр уафэм кърихри Мэрем и кІуэцІым ирилъхьащ. Мэрем и ныбэм сабийр занщІэу хэхъуэн щыщІидзащ, адрей сабийхэр я анэм и ныбэм зэрыщыхэхъуэм хуэдабзэу. Ауэ мы сабийр зи Къуэр Алыхьырат. ИкІэм–икІэжым Хьисэ мы жэщым Вифлеем къыщалъхуащ. Иджы къыбгурыІуа Хьисэ къызэралъхуар мелыІычхэм апхуэдизу гуфІэжу цІыхухэм щІыжраІар?