Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

33-НЭ ХЪЫБАР

Хы Плъыжьым зэрызэпрыкІар

Хы Плъыжьым зэрызэпрыкІар

ЕПЛЪЫТ мыбдеж къыщыхъум! Мусэ и мэлыхъуэ башыр Хы Плъыжьым хуеший. Абы бгъэдэту израиль лъэпкъыр шынагъуэ здэщымыІэ лъэныкъуэмкІэ щытщ. Фирхьэунымрэ абы и дзэхэмрэ тенджызым щІелъафэ. ИІэт, деплъынти апхуэдэу зэрыхъуам.

ЗэрытщІэщи, Алыхьым ятрилъхьа епщІанэ тезырым иужькІэ, фирхьэуным израиль лъэпкъым унафэ хуищІащ Мысырым икІыжыну. ЦІыхубзи сабии зыкъуом я гъусэу израиль цІыхухъуу мин щих нэс къикІыжащ абы. Израилхэм я гъусэу Иеговэ зи фІэщ хъуа нэгъуэщІ цІыху куэди къикІащ. Абыхэм псоми бжэнхэр, мэлхэр, жэмхэр къыздащтащ.

Мысыр хэкум къикІыжын и пэ, израиль цІыхухэм мысырхэм къраІыхащ щыгъынхэр, дыщэмрэ дыжьынымрэ къыхэщІыкІа хьэпшыпхэр. Иужьрей тезырым мысырхэр апхуэдизкІэ Іейуэ игъэшынати израилхэр къазэрелъэІуа псори иратащ.

Махуэ бжыгъэ дэкІа иужь, израилхэр Хы Плъыжьым къэсри абдеж къыщыувыІащ. АпщІондэху фирхьэунымрэ абы и пщылІхэмрэ израиль лъэпкъыр зэраутІыпщыжам хущІегъуэжащ. «Ди пщылІхэр дыутІыпщыжащ!»,— зэрыгъэкІиящ ахэр.

Абы щхьэкІэ фирхьэуным и унафэр аргуэру ихъуэжащ. Абы псынщІэу зэуэным хуэщІа и шыгу шэрхъитІ зыщІэтхэмрэ и дзэмрэ зэхуишэсри шыгуу яІэмкІэ израиль цІыхухэм якІэлъыщІэпхъуащ. Шыгу щих нэхъыфІыІуэу яхэтт абыхэм.

Фирхьэуным и дзэ къахуэкІуэр израилхэм щалъэгъуам, Іейуэ шынащ. УздэкІуэнур дэнэкІэт — зы лъэныкъуэмкІэ Хы Плъыжьыр щытт, мыдреймкІэ мысырхэр къыщытт. Арати, израилхэмрэ мысырхэмрэ я зэхуакум Иеговэ пшэ къыдигъэхьащ. Мысырхэм израилхэр ялъэгъужтэкъыми абы щхьэкІэ ятеуэфтэкъым.

ИтІанэ Иеговэ Мусэ жриІащ и мэлыхъуэ башыр Хы Плъыжьым хуишиину. Мусэ ишиящ. Арати, Иеговэ къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ къикІыу жьышхуэ къригъапщэри Хы Плъыжьым и псыр зэгуэкІри блыным хуэдэу къызэфІэуващ.

ИтІанэ израилыр хы игъущыкІам и щІэмкІэ зэпрыкІыу щІадзащ. Сыхьэт бжыгъэ зыкъуом ихьащ апхуэдиз цІыху мин бжыгъэр я Іэщхэр я гъусэу тэмэму адрей лъэныкъуэм зэпрыкІыным. ИкІэм-икІэжым мысырхэм израилхэр аргуэру къалъэгъужащ. Я пщылІхэр щІэпхъуэжт! Абыхэм я ужь иту ахэр хым хэлъэдащ.

Ахэр хым зэрыхыхьэу Алыхьым абыхэм я шыгушэрхъхэр къыщІигъэхуащ. Мысырхэр Іейуэ шынэри кІиин щІадзащ: «Дэ къытпэщІэувар Иеговэщ. ИІэ дыхэвгъэкІыж мыбы!» Ауэ иджы абыхэм къэгъазэ яІэжтэкъым.

Мусэ и мэлыхъуэ башыр Хы Плъыжьым хуишиину Алыхьым щыжриІэ дакъикъэращ къыщыгъэлъэгъуэжар мы сурэтым. АпщІондэху блыным хуэдэу щыта псыр и пІэ иувэжащ, мысырхэмрэ абыхэм я шыгухэмрэ здэщІилъафэри. Израиль цІыхухэм якІэлъыжат Мысырым дзэуэ яІэр. Абы къыхэкІкІэ мысырхэм щыщ зыри псэууэ къелакъым!

Сыту Іеищэу гуфІэрэт израилхэр, щхьэхуит зэрыхъужам щхьэкІэ! ЦІыхухъухэм уэрэдым хэту Иеговэ фІыщІэ хуащІт: «ТекІуэныгъэшхуэр къихьащ Иеговэ. Шыхэмрэ шуухэмрэ хым щІригъэлъэфащ абы». Мусэ и шыпхъу Мэрямрэ нэгъуэщІ цІыхубзхэмрэ гуфІэгъуэшхуэр яІэу джэгуу къафэурэ цІыхухъухэм жаІэ уэрэд дыдэр дыжаІэрт: «ТекІуэныгъэшхуэр къихьащ Иеговэ. Шыхэмрэ шуухэмрэ хым щІригъэлъэфащ абы».