Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

54-НЭ ХЪЫБАР

ЦІыху нэхъ къарууфІэ дыдэр

ЦІыху нэхъ къарууфІэ дыдэр

ПЩІЭРЭ нэхъ къарууфІэ дыдэу мы дунейм тетам и цІэр хэтми? ХеящІэ Самсонщ. Абы Иеговэ къару кърет. Къамылъху щІыкІэ Иеговэ абы и анэм жреІэ: «Куэд дэмыкІыу къуэ къэплъхунущ. Абы къригъэутІыпщыжынущ израилхэр филистимлянхэм».

Филистимлянхэр — ар Ханааным щыпсэу лъэпкъ Іей гуэрщ. Абыхэм зауэлІ куэд яІэщ икІи Іей дыдэу израилыр хаутэ. Зэгуэр, филистимлянхэр щыпсэу щІыпІэмкІэ кІуэ гъуэгум щрикІуэм, абы къыхуэкІуэу, гъуахъуэу, аслъэнышхуэ къыкъокІ. Арати, Самсон ар Іэ пцІанэкІэ еукІ.

Зэман гуэр дэкІа нэужь, Самсон фІыуэ елъагъу цІыхубз гуэр, ДалидэкІэ еджэу. Филистимлянхэм я нэхъыщхьэ псоми Далидэ къагъэгугъэ Самсон и къарум и щэхупІэр къищІэу щытмэ, щхьэж абы дыжьын ахъшэу зы 1 100–рэ иратыну. Далидэ хуейщ а ахъшэхэр къыІэрыхьэну. Ар Самсони Алыхьым къыхиха лъэпкъми и ныбжьэгъу пэжкъым. Абы щхьэкІэ мызэ-мытІэу ар Самсон йоупщІ, и къаруушхуэм и щэхупІэр жригъэІэну.

ИкІэм–икІэжым Далидэ Самсон и къарум и щэхупІэр жрегъэІэ. «Си щхьэцыр зэикІ паупщІакъым,— щыгъуазэ ещІ ар Самсон.— Сыкъыщалъхуа махуэ лъандэрэ Алыхьым сыкъыхихащ езым и лэжьакІуэ хэхауэ — назорейуэ — сыщытыну. Си щхьэцыр паупщІмэ, си къарур сфІэкІуэдынущ».

Арати, ар Далидэ къищІа нэужь, абы Самсон егъэжей и куэщІым илъу. ИтІанэ пэшым къыщІешэ Самсон и щхьэцыр пригъэупщІыну цІыху. Самсон и къарур фІэкІуэдауэ къоуш. ИтІанэ филистимлянхэр къокІуэри ар пщылІыу къащтэ. Абы и нэр иращІри езыхэм я пщылІ ящІ.

Зэгуэр филистимлянхэм я тхьэ Дагон махуэщхуэ щыхуащІым, Самсон щыдыхьэшхын щхьэкІэ тутнакъым ар къраш. АпщІондэху Самсон и щхьэцыр къокІыж. Самсон и Іэпэр иІыгъыу зышэ щІалэ цІыкІум жреІэ: «Мы унэр зытет пкъор къэзгъэубыд». ИтІанэ Самсон Иеговэ йолъэІу къару къритынуи пкъохэр еубыд. Абы жеІэ: «СыхырекІуадэ филистимлянхэм я гъусэу». А махуэшхуэм филистимлянхэм щыщу цІыху минищ щыІэт. Самсон пкъохэр щІеуд, унэр мэщащэри а цІыху Іей псори хокІуадэ.