Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

7-НЭ ХЪЫБАР

ЛІыгъэ зыхэлъ цІыху

ЛІыгъэ зыхэлъ цІыху

ДУНЕЙМ тет цІыхухэр куэд щыхъуам щыгъуэ, и нэхъыбэм Къэбыл хуэдэу Іуэхугъуэ Іейхэр ящІэ хъуащ. Ауэ зы цІыху гуэр апхуэдэтэкъым. Мис ар — абы и цІэр Индрисщ. Индрис лІыгъэшхуэ зыхэлъ цІыхут. Псоми Іей ящІэми, абы къигъэнакъым Алыхьым хуэлэжьэн.

ПщІэрэ сытми абыхэм Іуэху Іейхэр щІащІэр? КъэщІэжыт, хэт Іэдэмрэ Хьэуарэ иригъэшхами, Алыхьым фымышх жыхуиІа пхъэщхьэмыщхьэр. Пэжщ, мелыІыч Іейращ. Алыхьым и Псалъэр абы ШейтІанкІэ йоджэ. А мелыІычыр хэтщ цІыху псори Іей ищІыну.

Зэгуэрым, Алыхь Иеговэ Индрис игъэкІуащ цІыхухэм деж, хъыбар яхуригъэхьри. Ауэ цІыхухэр абы едэІуэну хуеякъым. Хъыбарыр мырат: «Алыхьым цІыху Іейхэр псори щигъэкІуэдыжыну махуэр хихащ». А хъыбарыр щызэхахым цІыхухэр Іейуэ къэгубжьауэ кыщІэкІынт. Индрис яукІынуи хэтагъэнкІи хъунт. Абы къыхэкІкІэ Индрис лІыгъэшхуэ хэлъын хуейт Алыхьым ищІэну и гугъэр цІыхухэм щажриІэм.

А цІыху Іейхэм яхэту Индрис куэдрэ Алыхьым игъэпсэуакъым. Ар зэрыпсэуар илъэс 365 къудейщ. Сыт щІыжытІэр «илъэс 365 къудейщ»? Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэманым цІыхухэр иджы нэхърэ куэдкІэ нэхъ быдэт икІи нэхъыбэрэ псэут. Дауэ къыпщыхъурэ, Индрис и къуэ Мафусал илъэс 969-кІэ псэуащ!

Индрис лІа иужькІэ цІыхухэр Іейуэ зэкІуэкІат. Алыхьым и Псалъэм жеІэр: «Абыхэм я щхьэм сытым дежи илъыр бзаджагъэ зэращІэнт». Апхуэдэ щІыкІэкІэ «щІылъэр Іуэхугъуэ Іейхэм зэщІищтащ».

ПщІэрэ а зэманым апхуэдиз гуауэ щІыщыІам и зы щхьэусыгъуэр? ШейтІаным цІыхухэм Іей зэрыригъэщІэн ІэмалыщІэ къигъуэтауэ арат. КъыкІэлъыкІуэ хъыбарым абы теухуауэ къыщытщІэнщ.