Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

27 УРОКЫР

Мэссихь и лІэныгъэм дапхуэдэу щхьэхуит дызэрищІыжыр?

Мэссихь и лІэныгъэм дапхуэдэу щхьэхуит дызэрищІыжыр?

ЦІыхухэм гуэныхь щІащІэр, гугъу щІехьыр икІи щІэлІэжыр дэ дыкъызытехъукІыжа Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьыр ІэщІыб ящІащи аращ a. Ауэ дэ хэкІыпІэншэу Иеговэ дыкъигъэнакъым. Абы и Къуэ Хьисэ Мэссихь и фІыгъэкІэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІэкІыну Іэмал диІэщ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ и псэр зэритар дэ щхьэщэхуж тхуэхъуащ. Щхьэщэхужыр — ар зыгуэр щхьэхуит ящІыжын щхьэкІэ щІат уасэращ. Хьисэ уасэу итар — абы и гъащІэ дагъуэншэращ. (Къеджэ Маттэ 20:28.) ГъащІэ мыухыж иІэу щІылъэм щыпсэуну иІа хуитыныгъэр Хьисэ къызэригъэнам и фІыгъэкІэ Іэдэмрэ Хьэуарэ яфІэкІуэда псори дэ къытІэрыхьэну Іэмал диІэ хъуащ. Хьисэ и гъащІэр зэритам иджыри къигъэлъэгъуащ Иеговэрэ абырэ къытхуаІэ лъагъуныгъэшхуэр. Мы урокыр дэ къыддэІэпыкъунущ Хьисэ къытхуищІам щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр хэдгъэхъуэну.

1. Мэссихь и гъащІэр зэритам сыт хуэдэ сэбэпынагъ иджыпсту къытхуихьыр?

Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ мыщІапхъэ куэд дощІэри, Иеговэ и жагъуэ дощІ. Ауэ ди гуэныхьым дыхущІегъуэжу, Хьисэ Мэссихь и цІэкІэ Иеговэ къытхуигъэгъуну делъэІумэ икІи а щыуагъэхэр зэрыдмыщІэжыным иужь дитмэ, дэ Алыхьым и ныбжьэгъуу дыкъэнэфынущ (1 Иуан 2:1). Библием щыжыІащ: «Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкІэ, ди гуэныхьхэм папщІэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщІэ афІэкІа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкІэ гугъуехь ишэчащ абы» (1 Петр 3:18).

2. Мэссихь и лІэныгъэм къэкІуэну зэманым сыт хуэдэ фІыгъуэ къытхуихьынур?

Иеговэ Хьисэ щІылъэм къигъэкІуащ цІыхухэм папщІэ и гъащІэр итын щхьэкІэ. Хьисэ и гъащІэ дагъуэншэр итащ езымкІэ «фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэри мыкІуэду къелын икІи мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъун щхьэкІэ» (Иуан 3:16). Хьисэ и гъащІэр зэритам и фІыгъэкІэ Іэдэм и жыІэмыдаІуэныгъэм кърикІуа зэраныгъэ псор Иеговэ куэд мыщІэу Іуихыжынущ. Аращи, Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэмкІэ фІэщхъуныгъэ диІэмэ, мыухыж гъащІэ диІэу жэнэтым дыщыпсэуну Іэмал диІэ мэхъу! (Исайя 65:21—23).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Хьисэ и гъащІэр щІитам икІи абы Іэмал къыпхузэІуиххэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.

3. Хьисэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІихащ

ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

  • Іэдэм Алыхьыр ІэщІыб щищІам щыгъуэ сыт хуэдэ Іэмал фІэкІуэдар?

Рим 5:12 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Іэдэм ищІа гуэныхьым сыт уэ къыпхуихьар?

Иуан 3:16 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Иеговэ и Къуэр сыт щІылъэм къыщІигъэкІуар?

  1. 1. ЦІыху дагъуэншэу щыта Іэдэм Алыхьым и жыІэм ебэкъуащ. Абы и ягъэкІэ цІыху псоми лІэныгъэмрэ гуэныхьымрэ я Іыхьэ хъуащ

  2. 2. Ныкъусан зыхэмылъу щыта Хьисэ сыт и лъэныкъуэкІи Алыхьым жиІэм едаІуэт. Абы и фІыгъэкІэ цІыхухэм Іэмал яІэ хъуащ гуэныхьым къыІэщІэкІыжыну икІи игъащІэкІэ псэуну

4. Хьисэ и лІэныгъэм дэтхэнэ зы цІыхуми сыт хуэдэ Іэмал къыхузэІуихыр?

ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

  • Зы цІыхум и лІэныгъэр дауэ цІыху псоми сэбэп зэрыхуэхъуфынур?

1 Тимофей 2:5, 6 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Іэдэм цІыху дагъуэншэу щытащ. Абы гуэныхь зэрищІам къыхэкІкІэ цІыху псоми гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ я Іыхьэ хъуащ. Хьиси цІыху дагъуэншэу щытащ. Іэдэм и гуэныхьым хуэкІуэ уасэр Хьисэ итауэ жыпІэ щІэхъунур сыт?

5. Щхьэщэхужыр Иеговэ дэтхэнэ зы цІыхуми ирита тыгъэщ

Иеговэ и ныбжьэгъухэм щхьэщэхужыр Алыхьым къахуищІа тыгъэу ялъытэ. Зы щапхъэ деплъынщ. Галатие 2:20 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Дапхуэдэу Паул и псалъэхэм къызэрыхэщыр щхьэщэхужыр Алыхьым езым къыхуищІа тыгъэу къилъытэу зэрыщытар?

Іэдэм гуэныхь къыщихьам щыгъуэ абы и щхьэмрэ и щІэблэмрэ лІэныгъэм ирищащ. Аращ Иеговэ и Къуэр щІылъэм къыщІигъэкІуар. Хьисэ и гъащІэр итри, дэ Іэмал диІэ хъуащ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну.

Мы едзыгъуэхэм фыщеджэкІэ фи нэгу къыщІэвгъэхьэ и Къуэм гугъуехьхэр щрагъэшэчым Иеговэ и гум щыщІар сытми. Иуан 19:1—7, 16—18 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Иеговэрэ Хьисэрэ уэр щхьэкІэ ящІам сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ?

ЗЫГУЭР КЪОУПЩІЫНКІЭ ХЪУНУЩ: «Зы цІыхум и лІэныгъэм дапхуэдэу цІыху псори къызэрыригъэлыфынур?»

  • Сыт хуэдэ жэуапт уэ абы ептынур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Хьисэ и лІэныгъэм Иеговэ Іэмал ирет ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну. Абы и фІыгъэкІэ дэ гуфІэгъуэ къытхуэзыхь гъащІэ мыухыж диІэфынущ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Сыт Хьисэ щІэлІар?

  • Хьисэ и гъащІэ дагъуэншэ итар Іэдэм и гуэныхьым хуэкІуэ уасэу жыпІэ щІэхъунур сыт?

  • Хьисэ и лІэныгъэм сыт хуэдэ Іэмалхэр уэ къыпхузэІуихрэ?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Укъелын щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр? Мы упщІэм и жэуапыр къащІэ.

«Хьисэ дапхуэдэу дыкъызэрыригъэлыр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

Зы цІыхухъу гуэрым зихъуэжыну Хьисэ и къурмэныпхъэр къызэрыдэІэпыкъуар къащІэ.

«Залымыгъэм и пщылІу сыщытыжкъым» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

a Гуэныхь псалъэм къикІыр мыщІапхъэ гуэр зэрытщІэм и закъуэкъым. Абы иджыри хохьэ Іэдэмрэ Хьэуарэ я быну дызэрыщытым къыхэкІкІэ Алыхьым и лъабжьэ дыкъызэрыщІэкІар.