Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Библием итыр наукэм къихутам техуэрэ?

Библием итыр наукэм къихутам техуэрэ?

Библием жиІэр

 НтІэ, тохуэ. Библиер наукэм теухуа тхылъкъым. Ауэ наукэм епха упщІэхэр Библием къыщиІэтым деж, абы жиІэр сыт щыгъуи пэжщ, а тхылъыр щатха зэманым псэуа цІыхухэм нэгъуэщІ еплъыкІэхэр яІэу щытами. Абы щыхьэт техъуэ щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

  •   Дунеишхуэм щІэдзапІэ иІащ (ЩІэдзапІэ 1:1). Ауэ шыпсэ куэдым къызэрыхэщымкІэ, Дунеишхуэр зыми къигъэщІакъым, атІэ езыр-езыру зэхэзэрыхьа гуэрым къыхэкІащ. Бабилэн цІыхухэм я фІэщ хъут Дунеишхуэр къэзылъхуа тхьэхэр тенджызитІым къыхэкІауэ. НэгъуэщІ шыпсэхэм зэрыжаІэмкІэ, Дунеишхуэр джэдыджэшхуэм къикІащ.

  •   Дунеишхуэр природэм и законхэм тету аращ, атІэ тхьэ нэпцІ щымыІэхэм едаІуэу аракъым (Иов 38:33; Иеремия 33:25). Лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм я шыпсэхэм зэрыжаІэмкІэ, тхьэ гущІэгъуншэхэм я зэраным цІыхур зыми щихъумэфынукъым.

  •   ЩІыр зыгуэрым фІэдзауэ щыткъым (Иов 26:7). Пасэ зэманым псэуа лъэпкъхэм я фІэщ хъут щІыр хъурей пІащІэу щыту икІи ар вым е шылъэгум тету.

  •   Тенджызхэмрэ нэгъуэщІ псыхэмрэ я бахъэр уафэм докІуейри, иужькІэ ушхыу, уэсу е уэуэ къох икІи псыежэххэм хохьэ (Иов 36:27, 28; Экклезиаст 1:7; Исаия 55:10; Амос 9:6). Пасэрей алыджхэм я гугъэт щІы щІагъым щыІэ тенджызыпсыр псыежэх хъууэ, икІи апхуэдэ еплъыкІэр XVIII лІэщІыгъуэм нэс къекІуэкІащ.

  •   Бгыхэр зэм нэхъ лъагэ, зэм нэхъ лъахъшэ мэхъу. Нобэ щыІэ бгыхэр зэгуэр псы щІагъым щІэтащ (Псалом 104:6, 8). Языныкъуэ шыпсэхэм зэрыжаІэмкІэ, бгыхэр нобэ зэрыщыт дыдэм хуэдэу тхьэхэм къагъэщІащ.

  •   Къабзагъэр пхъумэныр узыншагъэмкІэ сэбэпщ. Пасэрей журт лъэпкъым иІа унафэмкІэ лІам еІуса нэужь цІыхум зигъэпскІыжын хуейт, уз зэрыцІалэ зиІэр хъужыхукІэ щхьэхуэу псэун хуейт икІи цІыхур щІыб икІа иужь, и фІейр цІыхухэр щыпсэу щІыпІэм пэжыжьэу щІитІэжын хуейт (Левит 11:28; 13:1—5; Второзаконие 23:13). Ауэ Мысырым а зэманым уІэгъэ цІынэр зэрагъэхъуж хущхъуэм цІыхум къыдэха фІейр халъхьэт.

Наукэм темыхуэ гуэр Библием иту пІэрэ?

 Библиер куууэ зыджхэм зэрыжаІэмкІэ, иткъым. Нобэ Библием теухуауэ еплъыкІэ нэпцІхэр къокІуэкІ. Мис абыхэм щыщу языныкъуэхэр:

 ПцІыщ: Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым Дунеишхуэр махуихкІэ къигъэщІащ.

 Пэжщ: Алыхьым Дунеишхуэр къигъэщІын щхьэкІэ дапхуэдиз зэман тригъэкІуэдами Библием щыжыІакъым (ЩІэдзапІэ 1:1). ЩІэдзапІэм, япэ псалъащхьэм зи гугъу ищІ «махуэхэм» я кІыхьагъыу щытар дэ тщІэкъым, ауэ гурыІуэгъуэщ ахэр илъэс бжыгъэ куэд зэрыхъутэр. Абы нэмыщІ Алыхьым уафэмрэ щІылъэмрэ къыщигъэщІа зэманым ЩІэдзапІэ тхылъыр «зы махуэкІэ» йоджэ (ЩІэдзапІэ 1:1, ДЩІ).

 ПцІыщ: Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым къэкІыгъэхэр Дыгъэм ипэ къигъэщІащ. Ауэ Дыгъэр хэмыту фотосинтез щыІэнукъым (ЩІэдзапІэ 1:11, 16).

 Пэжщ: Библием зэрыжиІэмкІэ, Дыгъэр «уафэм» щыІэ вагъуэхэм ящыщ зыщ икІи Алыхьым ар къэкІыгъэхэм ипэ къигъэщІащ (ЩІэдзапІэ 1:1). Япэ «махуэм» Дыгъэм къыбгъэдэкІ нурым и Іыхьэ мащІэрат ЩІым къэсыр. Ещанэ «махуэм» ирихьэлІэу, уафэгур къабзэ щыхъуам щыгъуэ, Дыгъэм къыбгъэдэкІ нурыр ЩІым хуиту къытепсэу щІидзати, фотосинтезым щІидзащ (ЩІэдзапІэ 1:3—5, 12, 13). ИужькІэ ЩІым тет цІыхум Дыгъэр наІуэу илъагъуу хъуащ (ЩІэдзапІэ 1:16).

 ПцІыщ: Библием зэрыжиІэмкІэ, Дыгъэм ЩІым и хъуреягъкІэ къекІухь.

 Пэжщ: Экклезиаст 1:5 щыжыІащ: «Дыгъэр къотэдж, дыгъэр мэтІысыж икІи къыщыкъуэкІыну щІыпІэм ар хуопІащІэ». Мы ездыгъуэм зи гугъу ищІыр ЩІым тет цІыхум Дыгъэр зэрилъагъу щІыкІэращ. ЩІым Дыгъэм и хъуреягъкІэ къызэрикІухьыр тщІэ пэтми, нобэ дэ жыдоІэ «дыгъэр къыкъуэкІащ», «дыгъэр къухьэжащ».

 ПцІыщ: Библием зэрыжиІэмкІэ, ЩІыр хъурей пІащІэу щытщ.

 Пэжщ: ЩІыпІэ жыжьэм и гугъу щищІым деж Библием «дунейм и кІэм нэсыху» жыхуиІэ псалъэхэр къызэригъэсэбэпым къикІкъым ЩІыр хъурей пІащІэу щыту икІи абы гъунэ гуэр иІэу (Апостолхэм 1:8). Абы хуэдэу, Библием «щІым и къуапиплІым» жыхуиІэ псалъэхэмкІэ щІыналъэ псор къигъэлъагъуэу аращ; дэри нобэ абы ещхь псалъэхэр къыдогъэсэбэп (Исаия 11:12; Лука 13:29).

 ПцІыщ: Библием зэрыжиІэмкІэ, окружностым и кІыхьагъыр и диаметрым хуэдэу щы мэхъу, ауэ окружностым и диаметрыр 3,1416 (число пи) гъэбэгъуэн хуейуэ аращ, абы и кІыхьагъыр къэпщІэн щхьэкІэ.

 Пэжщ: 1 Царей 7:23, 2 Летопись 4:2 зэрыжаІэмкІэ, «литое море» жыхуаІэм и диаметрыр ІэфракІипщІ хъут, ауэ абы и окружностым и кІыхьагъыр ІэфракІэу щэщІ хъут. Ауэ а бжыгъэхэр хъурей ящІауэ къыщІэкІынущ, абы къутахуэ имыІэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ окружностым и кІыхьагъыр и кІуэцІымкІэ, ауэ диаметрыр блын кІапэм нэс къапщауэ къыщІэкІынущ.