Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Хэт мы дунейр зи ІэмыщІэ илъыр?

Хэт мы дунейр зи ІэмыщІэ илъыр?

Мы дунейр зи ІэмыщІэ илъыр...

  • Алыхьыра?

  • цІыхухэра?

  • нэгъуэщІ зыгуэр?

ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР

«Дуней псори шейтІаным и ІэмыщІэ зэрилъри дощІэ» (1 Иуан 5:19, ЩІэдзапІэмрэ ХъыбарыфІымрэ, 2011).

«[Хьисэ бегъымбарыр] мы дунейм къыщІэкІуар шейтІаным и Іуэхухэр игъэкІуэдыну арщ» (1 Иуан 3:8).

АБЫ УИ СЭБЭПУ ХЭЛЪЫР

Дунейм гугъуехь куэд щІытетыр къыбгурегъаІуэ (Апокалипсис 12:12).

Дунейр нэхъыфІ зэрыхъужынымкІэ гугъапІэ быдэ къует (1 Иуан 2:17).

ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ ЖИІЭР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫ ХЪУНУ?

Хъунущ, абы щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Псалъэм папщІэ:

  • ШейтІаным и тепщэныгъэм кІэ къыхуэкІуэнущ. Иеговэ мурад быдэ иІэщ ШейтІаныр цІыхухэм я тепщэу зэрыщытым кІэ иритыну. Абы дыкъегъэгугъэ «шейтІан[ыр]... игъэкІуэдын[у]» икІи абы и тепщэныгъэм кърикІуа псори игъэзэкІуэжыну (Еврейхэм 2:14).

  • Алыхьым хихащ Хьисэ мы дунейм и унафэщІу. Хьисэ зыкІи ещхькъым мы дунейм и тепщэ лейзехьэ щхьэхуещэ ШейтІаным. Алыхьым Хьисэ теухуауэ жиІащ: «Уи тепщэныгъэшхуэм и башыр захуагъэр аращ. Пэжыгъэр фІыуэ уолъагъур, бзаджагъэри плъагъу хъуркъым» (Еврейхэм 1:8, 9, ХъыбарыфІыр, 1993).

  • Алыхьым зэи укъигъэпцІэнукъым. Тхыгъэ ЛъапІэр Алыхьым «пэжыгъэ зиІэ ТхьэкІэ» йоджэ (Тит 1:2). Иеговэ зыгуэркІэ дыкъыщигъэгугъэм деж, ар игъэзэщІауэ плъытэ хъунущ (Исаия 55:10, 11). «Мы дунейм и тепщэр тридзынущ» (Иуан 12:31, ЩІэдзапІэмрэ ХъыбарыфІымрэ, 2011).

ЕГУПСЫСЫТ

Мы дунейр сыт хуэдэ хъуну, абы и тепщэр традза нэужь?

Тхыгъэ ЛъапІэм абы и жэуапыр итщ 2 ПЕТР 3:13; АПОКАЛИПСИС 21:3, 4.