Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

48 СТАТЬЯР

Иеговэ зэман гугъухэм къывдэІэпыкъунущ

Иеговэ зэман гугъухэм къывдэІэпыкъунущ

«„ЛІыгъэ зыхэгъэлъ...“ „Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ сывигъусэщ“, — жеІэ дзэхэм я Алыхь Иеговэ» (АГГ. 2:4).

118-НЭ УЭРЭДЫР «ФІэщхъуныгъэу диІэм къытхухэгъахъуэ»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. Ди зэманым псэу Иеговэ и лэжьакІуэхэм я Іуэхур Ерусалим къэзыгъэзэжа журтхэм я Іуэхум сыткІэ ещхь? (« Аггей, Захарие, Ездрэ сымэ щыпсэуа зэманыр» жыхуиІэ схемэм феплъ.)

 КЪЭКІУЭНУ зэманым къыпхуихьыным щхьэкІэ ущыгузавэ къэхъурэ? Уэ лэжьапІэншэу укъэнамэ уи унагъуэр зэрыппІыныр умыщІэу щытыгъэнкІэ хъунщ. Е политикхэр зэрызэгурымыІуэм, дыкъызэрырахуэкІым икІи цІыхухэр хъыбарыфІ гъэІуным къызэрыпэщІэувэм щхьэкІэ, уи унагъуэм утегузэвыхьу къыщІэкІынщ. Апхуэдэу щытмэ, Иеговэ пасэрей зэманым израил цІыхухэм зэрадэІэпыкъуу щытар зэпкърыпхыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уэ ар къыбдэІэпыкъунущ уи гугъуехьхэм упэлъэщыну.

2 Бабилэн гъэрыпІэм къикІыжу Ерусалим къэзыгъэзэжа журтхэм фІэщхъуныгъэ яІэн хуейт. Абыхэм гъащІэ тыншыр къагъанэри, щІыпІэ жыжьэм Іэпхъуащ. Куэдым а щІыпІэм теухуауэ ящІэ щыІэтэкъым. Ахэр абы къэсри куэд дэмыкІыу гугъуехьхэм щІидзащ. Абыхэм я унагъуэхэр зэрапІын ахъшэ яхурикъутэкъым. Персие пащтыхьыгъуэм Іуэхур щызэхэзэрыхьат, икІи израил цІыхухэм я гъунэгъуу псэу лъэпкъхэри къапэщІэувэт. Абы къыхэкІкІэ языныкъуэ цІыхухэм дежкІэ гугъут нэхъ мыхьэнэ зиІэ Іуэхур — Алыхьым и унэшхуэр зэтегъэувэжыныр — япэ ирагъэщыну. Аращ ди эрэм ипэ, хуэгъэфэщауэ 520-нэ гъэм, Иеговэ абыхэм бегъымбар Аггейрэ Захариерэ щІахуигъэкІуар. А бегъымбархэм израил лъэпкъым Иеговэ хуэлэжьэну иІэ гукъыдэжыр къызэщІагъэплъэжын хуейт (Агг. 1:1; Зах. 1:1). Абыхэм а къалэныр фІы дыдэу зэрагъэзэщІар адэкІэ къэтлъагъунущ. Ауэ илъэс 50 хуэдиз дэкІри, израил лъэпкъыр аргуэру упщІыІужащ. Абы щыгъуэ Алыхьым и Псалъэр Іэзэу къизытхыкІыж Ездрэ Бабилэным къикІри, Ерусалим къэкІуащ. Абы и лъэпкъэгъухэр игъэгушхуащ икІи Иеговэ зэрыхуэлажьэр я гъащІэм япэ ирагъэщыну хуигъэушащ (Езд. 7:1, 6).

3. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну? (Притчи 22:19).

3 Аггейрэ Захариерэ я фІыгъэкІэ журтхэм Иеговэ дзыхь хуащІын щагъэтакъым, адрей лъэпкъхэр къазэрыпэщІэувэм емылъытауэ. Сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами, а бегъымбархэм жаІа псалъэхэр дэри сэбэп къытхуэхъунущ. (Къеджэ Притчи 22:19.) Дэ Аггейрэ Захариерэ жаІа пророчествэхэмрэ Ездрэ и щапхъэмрэ зэпкърытхынущ икІи мы упщІэхэм я жэуапхэр къэтщІэнущ: Ерусалим къэзыгъэзэжа журтхэм сыт хуэдэ гугъуехьхэр яІа? Гугъуехь дыщиІэм дежи Иеговэ и Іэмырыр япэ щІидгъэщын хуейр сыт? Зэман гугъухэм дежи Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІыну къыддэІэпыкъунур сыт?

ЕРУСАЛИМ КЪЭЗЫГЪЭЗЭЖА ЖУРТХЭМ СЫТ ХУЭДЭ ГУГЪУЕХЬХЭР ЯІА?

4, 5. Иеговэ и унэшхуэр зыухуэжхэм я гукъыдэжыр щІэужьыхыжар сыт?

4 Журт лъэпкъым къыздигъэзэжа Ерусалим лэжьыгъэ куэд дэлът. Абыхэм псынщІэу Иеговэ и къурмэнщІыпІэр ящІащ икІи Алыхьым и унэшхуэм и лъабжьэр ягъэтІылъащ (Езд. 3:1—3, 10). Ауэ куэд дэмыкІыу абыхэм а ухуэныгъэм теухуауэ яІэ гукъыдэжыр ужьыхыу щІидзащ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абыхэм Алыхьым и унэшхуэр зэращІыжын хуейм нэмыщІ, езыхэр зыщІэсын унэ ящІын, я губгъуэхэм жылэ трасэн, я унагъуэхэри япІын хуейт (Езд. 2:68, 70). А псом нэмыщІыж абыхэм Алыхьым и унэшхуэр зэращІыжым бийхэр зэран къыхуэхъут (Езд. 4:1—5).

5 ГъэрыпІэм къикІыжа журтхэм я гъащІэр иджыри гугъу хъут, политикэмрэ экономикэмрэ пыщІауэ къекІуэкІ гугъуехьхэм щхьэкІэ. Абыхэм я къэралыр Персием и Іыхьэу щытт. Ди эрэм ипэ, 530-нэ гъэм, Кир ЕтІуанэр лІа нэужь, абы и пІэм теува Камби́з ЕтІуанэр Мысырым теуащ. Абы и дзэр израил щІыналъэм кІуэцІрыкІти, зауэлІхэр абы щыпсэу цІыхухэм еныкъуэкъуу къыщІэкІынт псы, шхын, жэщ увыпІэ щхьэкІэ. Іуэхур апхуэдэу къекІуэкІауэ щытмэ, израил цІыхухэм я гъащІэр нэхъ гугъуж хъут. Камбиз ЕтІуанэм иужькІэ Персием и пащтыхь хъуар Дарий Езанэращ. Абы и пащтыхьыгъуэм щыгъуи Іуэхум нэхъыфІкІэ зихъуэжакъым. ЩІыпІэ-щІыпІэкІэрэ цІыхухэм зыкъаІэтт. Абы къыхэкІкІэ гъэрыпІэм къикІыжа журт куэдыр гузавэт, я унагъуэхэр зыхуей хуамыгъэзэфын я гугъэу. Апхуэдэу Іуэхур къызэрекІуэкІым щхьэкІэ, языныкъуэхэм ялъытэт Иеговэ и унэшхуэр бухуэным имызэману (Агг. 1:2).

6. Журтхэр иджыри сыт хуэдэ гугъуехь зыпэщІэхуар икІи Захарие ахэр сыткІэ къигъэгугъа? (Захария 4:6, 7).

6 Къеджэ Захария 4:6, 7. Ауэ журтхэм политикэмрэ экономикэмрэ пыщІа гугъуехьхэр зэраІэм нэмыщІ, ахэр иджыри зэхэзехуэн ящІт. Ди эрэм ипэ, 522-нэ гъэм, бийхэм яхузэфІэкІащ Иеговэ и унэшхуэм и ухуэныгъэр къагъэувыІэну. Ауэ Захарие лъэпкъым жриІащ зэран хъууэ хъуар Иеговэ и къару лъэщымкІэ зэрыІуихынур. Ди эрэм ипэ, 520-нэ гъэм, пащтыхь Дарий унафэ къыдигъэкІащ журтхэм я ухуэныгъэм пащэжыну. Уеблэмэ, абы къэралым и мылъкум щыщу ахъшэ къахухигъэкІащ икІи а щІыналъэм щыІэ тепщэныгъэ зиІэхэм унафэ яхуищІащ журтхэм ядэІэпыкъуну (Езд. 6:1, 6—10).

7. Журтхэм псэемыблэжу ухуэныгъэм щыпащам щыгъуэ, дапхуэдэу Иеговэ и нэфІ абыхэм зэращыхуар?

 7 Бегъымбар Аггейрэ Захариерэ къигъэсэбэпу Иеговэ журтхэр къигъэгугъащ ухуэныгъэм пащэу щытмэ, абыхэм яригъусэну (Агг. 1:8, 13, 14; Зах. 1:3, 16). А псалъэхэм журтхэр ягъэгушхуащ икІи абыхэм ди эрэм ипэ, 520-нэ гъэм, ухуэныгъэм пащащ. Илъэситхуи дэкІатэкъым Иеговэ и унэшхуэр хьэзыр щыхъуам. Гугъуехь куэд зэраІэм емылъытауэ цІыхухэм псэемыблэжу Иеговэ и Іуэхур ягъэзэщІащ. Абы къыхэкІкІэ ар абыхэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи ядэІэпыкъуащ икІи и нэфІ ящыхуащ. Журтхэри гуфІэгъуэ яІэу Иеговэ хуэлэжьащ (Езд. 6:14—16, 22).

АЛЫХЬЫМ И ІЭМЫРЫР СЫТ ЩЫГЪУИ ЯПЭ ИВГЪЭЩ

8. Алыхьым и Іэмырыр япэ идгъэщыну Аггей 2:4 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? (Сноскэми феплъ.)

8 Гузэвэгъуэшхуэм щІидзэным куэд иІэжкъыми, хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэным иджы хуэдэу мыхьэнэ щиІа къэхъуакъым (Мк. 13:10). Ауэ дэ ахъшэкІэ гугъуехь диІэмэ е зэхэзехуэн дащІмэ, хъыбарыфІ гъэІуным ди акъылыр тедухуэну гугъуу щытынкІэ хъунущ. Сыт-тІэ дэ къыддэІэпыкъунур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм ди гъащІэм япэ увыпІэр щеттыну? Мыхьэнэшхуэ иІэщ «дзэхэм я Алыхь Иеговэ» b ди лъэныкъуэр зэриІыгъым шэч къытедмыхьэным. Дэ ди щхьэ Іуэхум нэхърэ Иеговэ и Іуэхур япэ идгъэщмэ, ар Іэмал имыІэу къыддэІэпыкъунущ. Аращи, дэ дыщІэшынэн щыІэкъым. (Къеджэ Аггей 2:4.)

9, 10. Маттэ 6:33 ит псалъэхэр зэрыпэжыр Олегрэ Иринэрэ дапхуэдэу зэрызыхащІар?

9 Пионеру лажьэ Олегрэ Иринэрэ c я щапхъэм деплъынщ. Ахэр нэгъуэщІ щІыпІэм Іэпхъуащ, абы хъыбарыфІыр щагъэІун щхьэкІэ. Экономикэм пыщІа гугъуехьхэр къэралым зэрыщыІэм къыхэкІкІэ абыхэм лэжьыгъэ ягъуэттэкъым. Апхуэдэурэ илъэс хуэдизкІэ екІуэкІащ. Олегрэ Иринэрэ я лъэр щІэмыхуну сыт къадэІэпыкъуар? Абыхэм Иеговэ къазэрыдэІэпыкъур сыт щыгъуи зыхащІэт. Зэзэмызэ къуэш, шыпхъухэри абыхэм къадэІэпыкъут. Олег япэщІыкІэ и Іэр ирихьэх пэтащ, ауэ апхуэдэ къэмыхъуну къадэІэпыкъуамкІэ ар къыддогуашэ: «Дэ хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэрэ дызэрыхэтыным дыхущІэкъут. Ар къыддэІэпыкъут псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэ Іуэхум ди акъылыр тедгъэтыну». А зэщхьэгъуситІыр хъыбарыфІ гъэІуным хэтт икІи лэжьыгъи къалъыхъуэт.

10 Зэгуэр Олегрэ Иринэрэ хъыбарыфІыр ягъэІуауэ унэм къыщыкІуэжам, я бжэм деж ерыскъы зэрылъ пакетитІ щыту къалъэгъуащ. КъызэрыщІэкІамкІэ, абыхэм я ныбжьэгъум километр 160 зэпичащ, а ерыскъыр къахуишэн щхьэкІэ. Олег жеІэ: «А махуэм дэ зыхэтщІащ Иегови къуэш, шыпхъухэми фІыщэу дыкъызэралъагъур. Дэ ди нэкІэ тлъэгъуащ Іуэхур дапхуэдизу хэкІыпІэншэу къыпщымыхъуми, Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэи къызэримыгъанэр» (Мт. 6:33).

11. Алыхьым и Іэмырыр зэрыдгъэзэщІэным ди акъылыр тедгъэтмэ, сыт абы къыпэкІуэнур?

11 Иеговэ хуейщ дэ гъащІэ къезыгъэл лэжьыгъэм — гъэсэнхэр гъэхьэзырыным — ди акъылыр тедгъэтыну.  Ебланэ абзацым и гугъу зэрыщытщІам хуэдэу, Аггей журтхэр хуигъэушт жыджэру лэжьыгъэм пэрыувэжыну, Иеговэ и унэшхуэр япэу ящІым хуэдэу. Алыхьым ахэр къигъэгугъащ апхуэдэу ящІэмэ, и нэфІ абыхэм ящыхуэну (Агг. 2:18, 19). Дэри Иеговэ и лэжьыгъэм псэемыблэжу дыхэтмэ, абы и нэфІ къызэрытщыхуэнум шэч къытедмыхьэми хъунущ.

ИЕГОВЭ НЭХЪЫБЭУ ДЗЫХЬ ХУЭТЩІЫН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?

12. Ездри абы и гъусэхэми фІэщхъуныгъэ быдэ щІаІэн хуейр сытыт?

12 Ди эрэм ипэ, 468-нэ гъэм, я щІыналъэм зыгъэзэж етІуанэ гупым и гъусэу Ездрэ Бабилэн икІри Ерусалим кІуэжащ. А гъуэгуанэр зэпачын щхьэкІэ, Ездри и гъусэхэми фІэщхъуныгъэ быдэ яІэн хуейт. Абыхэм мылъкушхуэ здашэт — Алыхьым и унэшхуэм щхьэкІэ тыгъэ ящІа дыщэмрэ дыжьынымрэ. Гъуэгум абыхэм хъунщІакІуэхэр къащытеуэнкІэ хъунут (Езд. 7:12—16; 8:31). А псом къыщынэмыщІа абыхэм къыздагъэзэжа Ерусалими шынагъэ здэщымыІэ щІыпІэу пхужыІэнутэкъым. Къалэм цІыху мащІэт щыпсэур, абы и блынхэри и куэбжэхэри щІыжын хуейуи щытт. Ауэ Ездрэ Иеговэ щыгугът. Дауэ дэри абы зэрызыхуедгъэсэфынур?

13. Ездрэ сыт къыдэІэпыкъуар Иеговэ нэхъыбэу дзыхь хуищІыну? (Сноскэми феплъ.)

13 Зэман гугъухэм Иеговэ и лъэпкъыр къызэрыригъэлыр Ездрэ илъэгъуакІэт. Ди эрэм ипэ, 484-нэ гъэм, пащтыхь Ахашверош Персием щыпсэу журтхэр зэтраукІэну унафэ къыдигъэкІащ. А зэманым Ездрэ Бабилэн къалэм щыпсэууэ къыщІэкІынт (Эсф. 3:7, 13—15). Абы и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэт. Пащтыхьым къыдигъэкІа унафэр щызэхахам, журтхэр нэщІащ икІи гъащ. ДауикІ, ахэр Иеговэ елъэІут абыхэм къащхьэщыжыну (Эсф. 4:3). Ауэ Іуэхум зэуэ зихъуэжри, бийхэм къатІа мащэм езыхэр ихуэжащ! (Эсф. 9:1, 2). Ездри адрей журтхэми ягу щыщІауэ щытар фи нэгу къыщІэвгъэхьэт! А Іуэхугъуэм Ездрэ хуигъэхьэзыращ къэкІуэну зэманым зыпэщІэхуэну гугъуехьхэм. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ и лъэпкъыр къызэрыригъэлыфынум теухуауэ абы иІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъуащ d.

14. Зэман гугъухэм Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуам ди зы шыпхъум сыт хуэдэ дерс хихар?

14 Зэман гугъухэм Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур щытлъагъум деж, дэ абы нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІу дохъу. Европэм и къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ щыпсэу Анастасие и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэм деплъынщ. Нейтралитетыр ихъумэн щхьэкІэ ар и лэжьапІэм къыІукІыжын хуей хъуащ. Анастасие жеІэ: «Иджы хуэдэу ахъшэншэ сыщыхъуа зэи къэхъуакъым». Абы пещэ: «Сэ си гугъуехьыр Иеговэ и ІэмыщІэм ислъхьэри, абы и нэІэ къызэрыстригъэтыр къэслъэгъуащ. Иджы апхуэдэ гуэр къэхъу хъумэ, сэ сышынэнукъым. Уафэм щыІэ си Адэр нобэ къыщысхуэсакъкІэ, пщэдеи къысхуэсакъынущ».

15. Иеговэ дзыхь хуищІыну Ездрэ сыт къыдэІэпыкъуар? (Ездра 7:27, 28).

15 Иеговэ къызэрыдэІэпыкъур Ездрэ зыхищІэт. Ездрэ игу къигъэкІыжт Иеговэ къыщыдэІэпыкъуауэ щыта Іуэхугъуэхэр. Аращ абы и Алыхьым дзыхь хуищІу щІыщытар. «Сэ си Алыхь Иеговэ си гъусащ» (нэгъуэщІу жыпІэмэ «си Алыхь Иеговэ и Іэр къыстелъащ») жыхуиІэ псалъэхэм гу лъыттэнщ. (Къеджэ Ездра 7:27, 28.) Ездра тхылъым, ар зэратхауэ щыта бзэмкІэ уеджэмэ, мы псалъэхэм хэ ущрохьэлІэ (Езд. 7:6, 9; 8:18, 22, 31).

Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж Иеговэ къызэрытщхьэщыжыр наІуэу къыщытлъагъунур? (16-нэ абзацым феплъ.) e

16. Алыхьыр къызэрыддэІэпыкъур наІуэу къыщытлъагъунур сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж? (Сурэтми феплъ.)

16 Гугъуехь дыпэщІэхуэмэ, Иеговэ къыддэІэпыкъуфынущ. Псалъэм папщІэ, конгресс дыкІуэну дызыгъэлажьэм зыкъыдогъэутІыпщ. Е зэІущІэхэм псоми дыкІуэфын щхьэкІэ, дызэрылажьэ графикыр ихъуэжыну абы долъэІу. Дэ тхузэфІэкІыу хъуар щытщІэм деж, Иеговэ къыддэІэпыкъуну Іэмал идот. ДымыщІэххэу дызэригугъам нэхърэ ІэджэкІэ нэхъыфІу Іуэхур къыщІидзыжынкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІу дохъу.

Израил цІыхухэм я гуэныхьхэр и гум щІыхьауэ Ездрэ Иеговэ и унэшхуэм щогъ. Абы и хъуреягъкІэ щыт цІыхухэри магъ. Шехания Ездрэ егъэгушхуэ икІи мыпхуэдэу жреІэ: «Израилым иджыри гугъэ иІэщ. ...Дэ уэ зыпщІэдгъэкъуэнущ» (Езд. 10:2, 4). (17-нэ абзацым феплъ.)

17. Зэман гугъухэм Ездрэ дапхуэдэу Іэдэбагъ зэригъэлъэгъуар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

17 Ездрэ Іэдэбагъ хэлъу Иеговэ къыдэІэпыкъуну елъэІут. Ездрэ и пщэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн дэлъти, абы щхьэкІэ гузэвэху, Іэдэбагъ хэлъу Иеговэ къыдэІэпыкъуну елъэІут (Езд. 8:21—23; 9:3—5). Ездрэ фІэщхъуныгъэ быдэр зэриІэр щалъагъукІэ цІыхухэм абы щапхъэ трахыну икІи дэІэпыкъуэгъу хуэхъуну гукъыдэж яІэ хъут (Езд. 10:1—4). Уи унагъуэм лей къытехьэнкІэ угузавэу щытмэ е ар зыхуей хуомыгъэзэфыну къыпщыхъумэ, уи гурыщІэхэр Иеговэ жепІэну умыукІытэ.

18. Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

18 Іэдэбагъ тхэлъу Иеговэ къыддэІэпыкъуну делъэІумэ икІи къуэш, шыпхъухэр зыдэдгъэІэпыкъумэ, Алыхьым нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІу дыхъунущ. Сабиищ зиІэ Эрикэ и щапхъэм деплъынщ. Абы гуауэшхуэ илъэгъуащ. Зэман кІэщІым къриубыдэу абы и ныбэм илъ сабиймрэ фІыуэ илъагъу и щхьэгъусэмрэ фІэкІуэдащ. Ауэ Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунум Эрикэ зэи шэч къытрихьакъым. Къэхъуам теухуауэ абы мыпхуэдэу жеІэ: «Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъунур зэи узэримыгугъа щІыкІэу щытыфынущ. Иеговэ си тхьэлъэІухэм жэуап къритын щхьэкІэ, дэлъху, шыпхъухэр къигъэсэбэпт. Абыхэм къызжаІэри къысхуащІэри сызыхуэныкъуэ дыдэрат. Уи гум илъыр ныбжьэгъухэм яжепІэмэ, къызэрыбдэІэпыкъуну щІыкІэр абыхэм ящІэнущ».

ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІЫН ЩЫВМЫГЪЭТ

19, 20. Ерусалим къэзымыгъэзэжыфа журтхэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

19 Ерусалим къэзымыгъэзэжыфа журтхэм я щапхъэми дерс хэтхыфынущ. Абыхэм ящыщ гуэрхэр Бабилэн къыдэнэн хуей хъуащ. Хэти и ныбжьыр хэкІуэтат, хэти узыфэ хьэлъэ иІэт, хэти унагъуэм щиІэ къалэнхэм щхьэкІэ къэнэн хуейт. Ауэ ахэр я гум къыбгъэдэкІыу Ерусалим кІуахэм дэІэпыкъуащ икІи зыхуэныкъуэу хъуар иратащ (Езд. 1:5, 6). Абыхэм ар мызэ-мытІэу ящІауэ къыщІэкІынущ. Япэ гупыр гъэрыпІэм къызэрикІыжрэ илъэс 19 хуэдиз дэкІауэ, Бабилэн къэнахэм я гум къыбгъэдэкІыу тыгъэхэр Ерусалим ирагъэхьауэ щытащ (Зах. 6:10).

20 Дызыхуейм хуэдиз Иеговэ хуэдмыщІэфми, абы елъагъу дэ ди гум къыбгъэдэкІыу хуэтщІэу хъуар икІи ар лъапІэу елъытэ. Дэнэ ар щытщІэр? Иеговэ Захарие бегъымбарым жриІат Бабилэн къэна цІыхухэм кърагъэхьа дыщэмрэ дыжьынымрэ «таж дахэ» къыхищІыкІыну (Зах. 6:11). А тажым цІыхухэм ягу къигъэкІыжын хуейт Бабилэн къыдэнахэм я гум къыбгъэдэкІыу тыгъэ ятар (Зах. 6:14). Дэри зэман гугъухэм Иеговэ дыхуэлэжьэну дызэрыхущІэкъур абы зэи щыгъупщэнукъым (Евр. 6:10).

21. Сыт къэмыхъуми Иеговэ дзыхь хуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

21 Дэ иужьрей махуэхэм дыщопсэу. Абы къыхэкІкІэ гъащІэр нэхъыфІ хъуну дыщыгугъыу дэ ди щхьэ къэдгъэпцІэж хъунукъым. КъэкІуэну зэманым Іуэхур нэхъ Іеиж хъункІэ хъунущ (2 Тим. 3:1, 13). Ауэ дэ дыгужьеин хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Аггей бегъымбарым и зэманым Алыхьым и лъэпкъым мыпхуэдэу жриІауэ щытат: «Сэ сывигъусэщ... [...] Фымышынэ» (Агг. 2:4, 5). Дэ Иеговэ ди гъусэнущ, ди гум къыбгъэдэкІыу абы и Іэмырыр дгъэзащІэмэ. Мы статьям дэ щызэпкърытхащ бегъымбар Аггейрэ Захариерэ я псалъэхэр, абы нэмыщІ Ездрэ и щапхъэр. Аращи, къэтщІар ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэпыным дыхущІэвгъэкъу. Ар дэ къыддэІэпыкъунущ сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами Иеговэ дзыхь хуэтщІыну.

122-НЭ УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт

a Дэ зэман гугъухэм дыщопсэу. АхъшэкІэ гугъуехь диІэмэ, е дыщыпсэу къэралым политикхэр зэрызэгурымыІуэм щхьэкІэ Іуэхур зэхэзэрыхьамэ, е хъыбарыфІыр дгъэІуну къытпаубыду щытмэ, Иеговэ адэкІи дзыхь хуэтщІыну мы статьяр къыддэІэпыкъунущ.

b «Дзэхэм я Алыхь Иеговэ» жыхуиІэ псалъэхэр бегъымбар Аггей и тхылъым 14-рэ ущрохьэлІэ. Абы журтхэми ягу къигъэкІыжт, дэри дигу къегъэкІыж Иеговэ и къарум щІэи гъуни зэримыІэр икІи мелыІычхэр зыхэт дзэшхуэр абы къызэригъэсэбэпыфынур (Пс. 103:20, 21).

c Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

d Ездрэ Алыхьым и Псалъэр Іэзэу къизытхыкІыж цІыхуу щытащ. Аращ Ерусалим кІуэжын ипи абы Иеговэ жиІа псалъэхэр зэригъэзэщІэжынум шэч къыщІытримыхьэу щытар (2 Лет. 36:22, 23; Езд. 7:6, 9, 10; Иер. 29:14).

e СУРЭТЫМ ИТЫР. Къуэшыр конгрессым зыкъригъэутІыпщыну зыгъэлажьэм деж щІыхьащ. Ауэ модрейм ар иутІыпщын идэкъым. А къуэшым Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ икІи иджыри зэ зыгъэлажьэм епсэлъэну зегъэхьэзыр. Абы конгрессым къызэрырагъэблагъэ тхылъымпІэр зыгъэлажьэм ирегъэлъагъу икІи Библием тегъэщІа программэм и мыхьэнэр жреІэ. Зыгъэлажьэм ар хуабжьу егъэщІагъуэ икІи и унафэр ехъуэж.