адыгэбзэ
«ФІэщхъуныгъэу диІэм къытхухэгъахъуэ» (118 уэрэдыр)
/assets/ct/2fee4a8a5e/images/syn_placeholder_sqr.png
sjj 118-нэ уэрэдыр

118 УЭРЭДЫР

«ФІэщхъуныгъэу диІэм къытхухэгъахъуэ»

«ФІэщхъуныгъэу диІэм къытхухэгъахъуэ»

(Лука 17:5)

  1. 1. Иеговэ, уощІэ: дэ дыгуэныхьыщІэщ,

    Гур бзаджэщ, дэ дыкъигъэпцІэнкІэ хъунщ.

    Гуэныхьыр икъукІэ дэ зэран къытхуэхъуу

    Дытришыну уи гъуэгу пэжым хэтщ.

    ЕЖЬУ

    Ди фІэщхъуныгъэм уэ къытхухэгъахъуэ,

    Щытхуримыкъу къытхуохуэ куэдрэ ар

    Ди фІэщхъуныгъэм, Адэ, уэ хэгъахъуэ,

    Дэ ІуэхукІи, псалъэкІи удгъэлъэпІэнщ.

  2. 2. Гъунэгъу къыпхуэхъум иІэщ фІэщхъуныгъэ,

    Укъэзылъыхъуэм къылъысынщ ІыхьэфІ.

    МэІуху ин дыдэм ещхьщ а фІэщхъуныгъэр,

    Гугъуехьхэм лІыгъэ тхэлъу датекІуэнщ.

    ЕЖЬУ

    Ди фІэщхъуныгъэм уэ къытхухэгъахъуэ,

    Щытхуримыкъу къытхуохуэ куэдрэ ар

    Ди фІэщхъуныгъэм, Адэ, уэ хэгъахъуэ,

    Дэ ІуэхукІи, псалъэкІи удгъэлъэпІэнщ.

(Абы нэмыщІ феплъ ЩІэдз. 8:21; Евр. 11:6; 12:1.)