Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Библием тегъэщІа видеохэр. ЩІэныгъэ нэхъыщхьэхэр

Библием мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм ирит жэуапхэр мы видеоурок кІэщІхэм къыщыпщІэфынущ. Псалъэм папщІэ: сыт хуэдэ мурад иІэу Алыхьым щІылъэр къигъэщІа? ЦІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр? Алыхьым апхуэдиз гузэвэгъуэ щІыщигъэІэр сыт?

Дунеишхуэр зыгуэрым къигъэщІауэ пІэрэ?

Дыкъэзыухъуреихь дунейр къызэрыхъуам теухуа пэжыр Библием итщ. Ауэ цІыху куэдым а тхылъыр пэжу къагурыІуэкъым е абы итыр шыпсэу ялъытэ. Библием итым дзыхь хуэпщІ хъуну пІэрэ?

Алыхьым цІэ иІэу пІэрэ?

Алыхьым титул куэд иІэщ, псалъэм папщІэ, лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ, псори къэзыгъэщІа, Зиусхьэн. Ауэ абы цІэ иІэщ икІи а цІэм минибл хуэдизрэ Библием ущрохьэлІэ.

Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъуфыну?

Ижь-ижьыж лъандэрэ цІыхухэр хущІэкъут псори къэзыгъэщІа Алыхьыр нэхъыфІу къацІыхуну. Библиер дэ къыддоІэпыкъу Алыхьым ныбжьэгъу дыхуэхъуну. Апхуэдэ ныбжьэгъугъэм къежьапІэ хуэхъур Алыхьым и цІэр къызэрытщІэращ.

Хэт Библиер къызыбгъэдэкІыр?

Библием итыр цІыхухэм ятхауэ щытмэ, абы Алыхьым и ПсалъэкІэ уеджэ хъуну? Хэт и гупсысэхэра Библием итыр?

Дэнэ дэ щытщІэр Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр?

Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІмэ, абы хуэдэ тхылъ мы дунейм тетын хуейкъым.

Алыхьым щІылъэр къыщІигъэщІар сыт?

Дыкъэзыухъуреихь дунейр егъэлеяуэ дахэщ. ЩІымрэ дыгъэмрэ я зэхуакум дэлъын хуей километр бжыгъэр дэлъщ, ар зэребам зихъуэжкъым икІи зэрыкІэрэхъуэн хуей хуабжьагъ иІэу мэкІэрахъуэ. Ди щІылъэ дахэр иухуэным апхуэдиз къару Алыхьым щІрихьэлІар сыт?

ЦІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр?

Лазар хуэдэу, ди лІахэр куэд мыщІэу къэтэджыжыну Библием гугъэ дахэ къыдет.

ЦІыхур лІа нэужь жыхьэнмэ мафІэм ису пІэрэ?

Библием зэрыжиІэмкІэ, «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ». Абы зэи цІыхухэм я щыуагъэхэм щхьэкІэ хьэзаб ятрилъхьэнутэкъым.

Хьисэ Мэссихь — ар Алыхь?

Хьисэ Мэссихь лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьу жыпІэ хъуну? Хьисэрэ Алыхьымрэ зыуэ щыт?

Сыт Хьисэ и гъащІэр щІитар?

Уэ зэхэпхауэ къыщІэкІынущ Хьисэ и гъащІэр ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкІэ зэритар. Ауэ зы цІыхум и лІэныгъэм мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм я гъащІэр къригъэлыфыну?

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр сыт зищІысыр?

Хьисэ Мэссихь щІылъэм щыщыІам щыгъуэ нэхъыбэу зытепсэлъыхьу щытар Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ. Хьисэ и гъэсэнхэр илъэс куэд хъуауэ Алыхьым йолъэІу а Пащтыхьыгъуэр къэкІуэну.

Алыхьым гугъуехьхэр щІыщигъэІэр сыт?

ЦІыху куэдыр мыпхуэдэ упщІэм егъэгузавэ: «Апхуэдиз гуауэрэ гузэвэгъуэрэ щІыщыІэр сыт?» Библием мы упщІэм жэуап нэгъэса ирет.

Дин псори Алыхьым къищтэрэ?

ЦІыху куэдым я гугъэщ сыт хуэдэ дин пІыгъми хъуну.

Алыхьыр тхьэлъэІу псоми едаІуэрэ?

Зыгуэр и фейдэ щхьэкІэ елъэІумэ-щэ? ЦІыхухъур и щхьэгъусэм Іейуэ хущыту, ауэ Тхьэм и нэфІ къыщыхуэну хуейуэ елъэІумэ-щэ?