Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

64 УЭРЭДЫР

ДыгуфІэу гъавэр Іудохыж

ДыгуфІэу гъавэр Іудохыж

(Маттэ 13:1—23)

  1. 1. Къэсащ гъавэм и Іухыжыгъуэр,

    Дахащэу гуэдз хьэсэр къэкІащ.

    Зэгъусэу дэ ар Іудохыжыр,

    Абы гурыфІыгъуэ къыдет.

    Дэ Хьисэ и щапхъэм дытетщи,

    Къару, гузэгъэгъуэ догъуэт.

    Дэ махуэ къэс пщІэшхуэу долъытэ ар,

    Абы ди гум фІэфІу дыхэтщ!

  2. 2. Иеговэ дэ фІыуэ долъагъур,

    Къару и лэжьыгъэм хэтлъхьэнщ.

    Къоблагъэ дунейм и кІэухыр,

    Дэ цІыхухэм хъыбар едгъэщІэнщ.

    Тхьэм тыгъэу гуфІэгъуэр къыдетыр,

    Ди гъащІэм и купщІэр къэтщІащ.

    Лэжьыгъэр дэ икІэм нэс нэдгъэсынщ,

    Абы псори дригуфІэнщ!

(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 24:13; 1 Кор. 3:9; 2 Тим. 4:2.)