Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

56 УЭРЭДЫР

Пэжыр зэхэщІыкІ

Пэжыр зэхэщІыкІ

(Притчи 3:1, 2)

  1. 1. Гъуэгу пэжыр мыращ — гъуэгухэм я нэхъыфІ дыдэр.

    Мы гъуэгум езыр утетын хуейщ.

    Ущие Тхьэм къыуитыр Іэдэбу зыхэлъхьэ,

    Сыт щыгъуи уи Адэм дзыхь хуэщІ.

    ЕЖЬУ

    Пэжыр зэхэщІыкІ,

    Ар сыт щыгъуи уигу игъэлъ.

    ГуфІэгъуэшхуэ уэ

    Къыуитынщ Иеговэ,

    ФІыгъуэ куэд уигъэлъэгъунщ.

  2. 2. Дегугъуу лэжьыгъэм къару тедгъэкІуадэр

    Иеговэ зэи щыгъупщэжынкъым.

    ДызыщІэхъуэпс псори жэнэтым диІэнущ,

    Тхьэм и Іэр къытхузэІуихынщ.

    ЕЖЬУ

    Пэжыр зэхэщІыкІ,

    Ар сыт щыгъуи уигу игъэлъ.

    ГуфІэгъуэшхуэ уэ

    Къыуитынщ Иеговэ,

    ФІыгъуэ куэд уигъэлъэгъунщ.

  3. 3. Дэ сыт и лъэныкъуэкІи Тхьэм дыхуэныкъуэщ,

    Абы и сабийуэ делъытэ.

    И лъабжьэ дыщІэту ди гъащІэр етхьэкІмэ,

    ЕхъулІэныгъэшхуэ диІэнщ.

    ЕЖЬУ

    Пэжыр зэхэщІыкІ,

    Ар сыт щыгъуи уигу игъэлъ.

    ГуфІэгъуэшхуэ уэ

    Къыуитынщ Иеговэ,

    ФІыгъуэ куэд уигъэлъэгъунщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 26:3; Прит. 8:35; 15:31; Ин. 8:31, 32.)