102 УЭРЭДЫР
Къарууншэ хъуахэм фадэІэпыкъу
Къарууншэ хъуахэм фадэІэпыкъу
-
1. Псоми дэ гуэныхьыр тхэлъщ,
Ар къыдгуроІуэж.
Ауэ Тхьэм гу къытлъитащ,
КъытхуищІащ гущІэгъу.
И лъагъуныгъэр инщ.
Щапхъэ Абы тетхынщ.
Къарууншэ хъуахэм дэ
ДадэІэпыкъунщ.
-
2. Зи лъэр щІэхуу дэхуэха
КъытхэтынкІэ хъунщ.
Псалъэ дахэ жетІэурэ,
И лъэр дгъэбыдэнщ.
Адэм дыхуелъэІунщ,
Ар щІэгъэкъуэн хуэхъунщ.
И гум щыщІэр зыхэтщІэнщ,
ЗэхэщІыкІ тхэлъынщ.
-
3. Махэ хъуар дгъэкъуаншэкъым —
ФІыкІэ дыбгъэдэтщ.
Лъагъуныгъэм и къарур
Дэ зыхедгъэщІэнщ.
Ар псоми дгъэгушхуэнщ,
ФІы и гур хуэтщІыжынщ.
Къуэшым гупсэхугъуэ дэ
Едгъэгъуэтыжынщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Ис. 35:3, 4; 2 Кор. 11:29; Гал. 6:2.)