адыгэбзэ
Гузэвэгъуэшхуэм упэщІэхуамэ, адэкІи узэрыпсэун къару дэнэ къыздипхынур?
https://cms-imgp.jw-cdn.org/img/p/2019085/univ/art/2019085_univ_sqr_xl.jpg
wp19 № 2 н. 4—5

Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж

Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж

«ЩІы къыгуэщэтамрэ псы къиуамрэ ди унэмрэ ди хьэпшыпхэмрэ ихьат. Ар къыщыслъэгъуам сыкъугъыным сынэсат» (Эндрю, Сьерра-Леоне).

«Борэнышхуэ нэужьым къыщыдгъэзэжам ди унэм зыри къыхэнэжатэкъым. Іуэнкун дыхъуауэ псори абы деплъу дыщытт. Си пхъур лъэгуажьэмыщхьэу тІысри гъуэгыу щІидзащ» (Дэвид, Виргинские острова).

Гузэвэгъуэшхуэ къызылъэІэсахэм къэхъуар я фІэщ хъукъым, я гум мамырыгъэ илъыжкъым, Іэнкун мэхъу икІи жэщкІэ пщІыхьэпІэ Іейхэр щалъагъу къохъу. Уэри гузэвэгъуэшхуэ гуэр уи нэгу щІэкІамэ, абыхэм я гурыщІэхэр къыбгурыІуэу къыщІэкІынщ. Апхуэдэ гужьеигъуэ зылъэгъуа цІыхухэм я гур илъэщІыкІа мэхъури псэуну гукъыдэж лъэпкъ яІэжкъым.

Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж упсэуну къару пхэмылъыжу икІи уи гъащІэм мыхьэнэ имыІэжу къыпщыхъункІэ хъунущ. Ауэ, Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, ущІэпсэун щхьэусыгъуэ щыІэщ икІи уи гъащІэр нэхъыфІ хъужыну ущыгугъ хъунущ.

БИБЛИЕМ ИТ ПЭЖЫМ ГЪАЩІЭМ МЫХЬЭНЭ КЪЫХЕЛЪХЬЭ

Экклезиаст 7:8 щыжыІащ: «Іуэхум и кІэухыр и пэщІэдзэм нэхърэ нэхъыфІщ». Гузэвэгъуэшхуэр къыщыхъуа къудейм деж уи Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу къыпщыхъункІэ хъунущ. Ауэ уи Іуэхур нэхъыфІ зэрыхъужыным шыІэныгъэ пхэлъу уелэжьмэ, хуэм-хуэмурэ уи гъащІэр зэтеувэжынущ.

«Гъы макърэ гущІыхьэ макърэ» щыщымыІэжыну зэманым Библиер топсэлъыхь (Исаия 65:19). Ар къыщыхъунур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр щІылъэ псом и тепщэ хъуа иужьщ. Абы щыгъуэ ди щІыналъэр зэрыщыту жэнэт дахэ хъужынущ (Псалом 37:11, 29). Гузэвэгъуэшхуэхэр зэи щыІэжынукъым икІи абыхэм къытхуахьауэ щыта гуауэр тщыгъупщэжынущ. Псори зыхузэфІэкІ ди Алыхьым дыкъегъэгугъэ: «БлэкІам афІэкІа егупсысынукъым икІи ар ягу къагъэкІыжынукъым» (Исаия 65:17).

ДыкъэзыгъэщІа Алыхьым дыкъегъэгугъэ: «Сэ мурад фхузиІэр гузэвэгъуэкъым, атІэ мамырыгъэщ, гъащІэрэ гугъапІэрэ фэстын щхьэкІэ» (Иеремия 29:11). Уэ гъащІэм узэрыхущытыр мы гупсысэм дауэ ихъуэжыфыну? Мыбы ипэ къихуэ статьям зи гугъу тщІа Салли жеІэ: «Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къыпхуихьыну фІыгъуэхэм узэрегупсысыр къыбдоІэпыкъу блэкІар зыщыбгъэгъупщэу, нобэ уиІэ гугъуехьхэм упэщІэтыну».

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыхухэм яхуищІэнум теухуауэ нэхъыбэ Іэмал имыІэу къащІэ. Абы и фІыгъэкІэ уэ къыбгурыІуэнущ, гугъуехь узыпэщІэхуэхэм емылъытауэ, адэкІи упсэун щхьэкІэ къарууэ уиІэр зэрепхьэлІэн хуейр. Библием къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ къызэрыдитым нэмыщІ, гузэвэгъуэшхуэм къыпхуихьар пшэчыну къыбдэІэпыкъун принципхэри къыдет. Абыхэм щыщу языныкъуэхэр зэпкърытхынщ.